Дунейм щыхъыбархэр

Махуэшхуэхэр ягъэIэпхъуэну?

Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэхэм - мы гъэм накъыгъэм и 1 - 5-хэм ягъэлъэпIэну траухуауэ щытахэм - иджы тращIыхьыну унафэм иризодауэ къэрал къулыкъущIэхэр. Дауэ тщIыну: гуфIэгъуэхэр дгъэIэпхъуэу иужькIэ дгъэлъэпIэжыну хьэмэрэ а зэрыщытым тету, цIыхухэр унэхэм къыщIэмыкIыу зэрекIуэкIым хуэдэу, дгъэкIуэну?

ЦIыхухэм я нэгу тэмэму зэрызрамыгъэужьыфынур, я гур утIыпщауэ зэрызамыгъэпсэхуфынур, а махуэхэр ягъэIэпхъуэмэ, экономикэм ар къызэрытехьэлъэнур зэпэзылъытхэм ящыщщ депутатхэри.
УФ-м и Къэрал Думэм Лэжьыгъэмрэ социальнэ политикэмрэ и комитетым и унафэщI Нилов Ярослав жиIащ а зыгъэпсэхугъуэхэр ягъэIэпхъуэу иужькIэ а махуэхэм я пIэкIэ цIыхубэр щагъэсыжыныр къэралым и экономикэм икъукIэ зэрегуэуэнур, апхуэдэу пщIынри зэрымыгубзыгъагъэр. Абы къыхигъэщащ махуэшхуэхэр цIыхухэр унэхэм щIэсын хуейуэ щрагъэза щытыкIэм зэрыхиубыдам зэрытехуар, дауи, зэрымыгуапэр, ауэ къэралым щыпсэухэм къагурыIуэн хуейщ махуэхэр бгъэIэпхъуэным псоми хэщIыныгъэшхуэ къызэрытхуихьынур. Арыншами, экономикэми хьэрычэт IэнатIэми удынышхуэ хуэхъуащ апхуэдиз зэманкIэ IуэхущIапIэхэр зэрымылэжьар. Абы лэжьапIэншэхэр нэхъыбэ, цIыхухэм я хэхъуэри нэхъ мащIэ хъунри къыдэкIуэнкIэ шынагъуэщ.
«Абы къыхэкIыу дыхэдэу ди фейдэ нэхъ зыхэлъыр къыхэтхын хуейщ: дгъэмахуэшхуэну, ди нэгу зедгъэужьыну хьэмэрэ дызэрыхуа щытыкIэм дыкъикIыным, дызэтеувэжыным дыхуэлэжьэну. Сэ сыкъапщтэмэ, срителъхьэщ щытыкIэ гугъум дыкъикIын щхьэкIэ псори дызэдегугъуным», - къыхигъэщхьэхукIащ Ниловым.
Абы и Iуэху еплъыкIэр диIыгъащ комитетым къыдыхэт Павловэ Анни. Махуэшхуэхэр гъэIэпхъуэн хуэмейуэ абы къыщIилъытэм лъабжьэ иIэщ - а гуфIэгъуэхэр тхыдэ мыхьэнэ хэха зиIэ махуэхэм ятеухуауэ аращ икIи къэралым щызэдаIэт.
«Ягъэува дэтхэнэ махуэшхуэми и щIыбагъ тхыдэр къыдэтщ. Накъыгъэм къэхъуа Iуэхухэм, псалъэм папщIэ, бадзэуэгъуэм гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр епщIэкIыныр къемызэгъ мэхъу. КъимыдэкIэ, ахэр гъэIэпхъуэным къэралым и экономикэр нэхъри иригъэтIысэхынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэми и мыхьэнэр нэхъ мащIэу къыщIэкIынкъым», - жиIащ Павловэм.
Махуэхэр гъэIэпхъуэн-мыгъэIэпхъуэным теухуа Iуэхум нэхъ пасэу щытепсэлъыхьауэ щытащ ФедерацэмкIэ Советми. Абы Социальнэ IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Рязанский Валерий къыхилъхьат цIыхухэр унэм къыщIэмыкIыу щIэсыным теухуауэ къащта мардэхэм зэрытетым щхьэкIэ накъыгъэ махуэшхуэхэр гъэIэпхъуэн зэрыхуэмейр.
«Ар гъэлъэпIэныр хабзэ зыхуэхъуахэм, я унагъуэхэм яхэсыжу дахэ дыдэу я жьэгу пащхьэм щрагъэкIуэкIыфынущ абы ехьэлIа дауэдапщэхэр», - жиIащ абы.
«Роспотребнадзор» IуэхущIапIэм и унафэщI Поповэ Аннэ къызэрилъытэмкIэ, а махуэхэми цIыхухэр унэхэм къыщIэмыкIыным мыхьэнэшхуэ иIэнущ коронавирус узыфэм ди къэралым нэхъри зыщимыубгъунымкIэ.
Дауэ щымытми, зэкIэ зыми къытеувыIакъым. Абы теухуа унафэр зыщIынур УФ-м и Президент Путин Владимирщ. Иджыпсту щыIэ щытыкIэм теухуауэ Президентым махуэ гъунэгъухэм цIыхухэм зэрызахуигъэзэнур щыжаIащ абы и пресс-IуэхущIапIэм.

Зи хьэхэр банэхэри жэуапым
ирашэлIэн хуэдэу

УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм къыщыхалъхьащ щыIэ мардэхэм - жэщым сыхьэт 23-м къыщыщIэдзауэ сыхьэтибл хъухукIэ цIыхухэм зэран уахуэхъу зэрымыхъум - дэщIыгъужыныгъэхэр халъхьэну. ПроектыщIэм ипкъ иткIэ, дяпэкIэ жэуапым ирашэлIэнур а зэманым къриубыдэу Iэуэлъауэхэм, щыIэ хабзэхэр къызэпызыудхэм я закъуэкъым. Иджы зи хьэхэр банэхэри, зи сигнализацэхэр тэмэму мылажьэ автомашинэхэр зейхэри, цIыху жейхэм я псантхуэхэм нэгъуэщIу зэран хуэхъухэри административнэ жэуапым ирашэлIэн хуейуэ къагъэув.

«ЦIыхухэм зыщагъэпсэху зэманым щыIэн хуей мардэхэм ебакъуэхэм, псалъэм папщIэ, макъамэхэр ину къезыгъауэхэм, фэтэрхэр щызэрагъэпэщыжкIэ къагъэсэбэп Iэмэпсымэхэр зыгъэлажьэхэм я мызакъуэу, атIэ даущыншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIыпхъэхэр зымыгъэзащIэхэми, нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ Iэуэлъауэхэми етхьэкъун хуейуэ къыдолъытэ министерствэм и лэжьакIуэхэм. Iуэхур зытетщIыхьри къытIэрыхьэ тхьэусыхафэхэрщ, - щыжаIащ къэрал къулыкъущIапIэм. - Псалъэм папщIэ, хьэр фэтэрым щIаубыдэрэ езыхэр щIэкIарэ абы зифыщIыжу банэмэ, ар я гъунэгъухэм зэран хуохъу е автосигнализацэр Iуидзарэ ар фиймэ, къат куэду зэтет унэм щIэс псори абы игъэжейркъым, егъэгубжь. А псори хабзэ мардэм игъэзэгъэнырщ къыхэтлъхьахэм я лъабжьэр».
Абы и лъэныкъуэкIэ хабзэм халъхьэну зэхъуэкIыныгъэхэр накъыгъэ мазэм Правительствэм хуагъэхьынущ, мэкъуауэгъуэм Къэрал Думэм щыхэплъэнущ.

Нобэ
♦Къафэм и дунейпсо махуэщ
♦Химие Iэщэ къызэрагъэсэбэпам и зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ
♦Израилым и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
♦1770 гъэм Австралиер зэрыщыIэр къахутащ.
♦1897 гъэм инджылыз физик, профессор Томсон Джозеф электрон пкъыгъуэр къызэригъуэтар хэIущIыIу ищIащ.
♦1932 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ милицэм щIэгъэкъуэн хуэхъуныр зи къалэн гупхэр, БРИГАДМИЛ жыхуаIэхэр.
♦1942 гъэм Къардэн Къубатий Ленин орден етIуанэу къратащ.
♦1964 гъэм ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэуващ «Лалуцэ» япэ балетыр.
♦Урысейм и император Романов Александр II къызэралъхурэ илъэс 202-рэ ирокъу.
♦Совет дзэ къулыкъущIэ, Маршал, Совет Союзым тIэунейрэ и ЛIыхъужь Крылов Николай къызэралъхурэ илъэси 117-рэ ирокъу.
♦ЛыжэкIэ къызэдэжэн спорт лIэужьыгъуэм цIэрыIуэ щыхъуа, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп Джэгухэм плIэнейрэ, дуней псом бгъуэнейрэ щытекIуа, Совет Союзым и чемпионкэ 39-рэ хъуа Кулаковэ Галинэ и ныбжьыр илъэс 78-рэ ирокъу.
♦Урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Удовиченкэ Ларисэ и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
♦Америкэм щыщ теннисист цIэрыIуэ, олимп чемпион Агасси Андре и ныбжьыр илъэс 50 ирокъу.
Дунейм и щытыкIэнур
   «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 - 20, жэщым градуси 6 - 7 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Зи анэ хуэмыщыпкъэм и
хэкумкIи щыпкъагъэ хэлъкъым.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ