Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу

Налшык къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастер Жылэтеж Ахьмэд и фэеплъу щыта етIуанэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэ 27-м я спортсмен ныбжьыщIэу 200-м щIигъу. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм фIыуэ зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи медали 9 къыщихьащ, абы щыщу 5-р дыщэу.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Iэщын Алихъан (кг 61-рэ), Гергоков Саид (кг 65-рэ), Улымбащ Аслъэнбэч (кг 70), Хасаов Смаил (кг 71-рэ), ЕхъулIэ Азэмэт (кг 97-рэ) сымэ. 
ЕтIуанэ увыпIэр зэхьэзэхуэм къыщихьащ Къанкъул Даниял (кг 70). Уянаев Альберт (кг 70), Тхьэлыджокъуэ Сослъэн (кг 74-рэ), Щоджэн Ислъам сымэ ещанэщ.

 

ЗэкIэ дыетIуанэщ

«КъэкIуэнум ухуэзышэ лъэбакъуэ» фIэщыгъэр зэрихьэу Налшык къалэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм нэмыщI абы хэтащ Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Дэгъыстаным, Адыгейм я лIыкIуэхэр. 
Ди республикэм и ныпым щIэту зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щызыгъэлъэгъуа Хьэнэ Бэтыр, Хьэнцэ Ислъам, Архипцев Артем, Къамбий Инал сымэ гуп зэпеуэм етIуанэ щыхъуащ.
ЩIалэхэр зэIущIэхэм хуэзыгъэхьэзырар Темыркъан Заурщ. 

АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться: