КикбоксингымкIэ зэпоуэ
Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкесск дэт «Юбилейный» спорт ухуэныгъэм щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ «КъШР-м и Кубок»-р къэхьыным хуэунэтIауэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, КъШР-м я спортсмену 257-рэ.
Ди республикэм и командэм щыщу зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Болэтокъуэ Имран (кг 54-рэ). Ар щызэуар илъэс 13 - 14 зи ныбжь гупым я дежщ. А гуп дыдэм, килограмм 45-рэ зи хьэлъагъхэм я деж, етIуанэ щыхъуащ Шэшэн Имран. Илъэси 9 - 10 зи ныбжь кадетхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Шупагуэ Темырлан (кг 45-рэ). ЩIалэхэм ядэлажьэр Къудей Азэмэтщ.
Сасыкъ Анзор и гъэсэнхэм ящыщу илъэси 9 - 10 зи ныбжьхэм я деж япэ увыпIэр къыщихьащ Акъсырэ Ибрэхьим (кг 42-рэ). Илъэс 11 - 12 зи ныбжьхэм я деж япэ щыхъуащ КIарэ Асалинэрэ (кг 54-рэ) Токъмакъ Дамиррэ (кг 37-рэ). Лъакъуэдыгъу Алихъан илъэс 13 - 14 зи ныбжьхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ (кг 42-рэ).
Апхуэдэуи дыжьын медалыр къихьащ илъэси 9 - 10 зи ныбжьхэм я деж щызауэ Апажэ Къамболэт (кг 26-рэ). Илъэс 11 - 12 зи ныбжьхэм я деж ещанэ щыхъуащ Апажэ Къантемыр (кг 48-рэ).
СтIолыщхьэ теннисымкIэ дылъэщщ
«Высшая лигэ» фIэщыгъэр зэрихьэу стIолыщхьэ теннисымкIэ Урысей Федерацэм и клубхэм я чемпионат Оренбург къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я командэ 16. Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэхьэзэхуэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ «Горизонт Нальчик» клубымкIэ.
Ди гуапэ зэрыхъущи, ди теннисист гупым: Чэгъэду Ислъам, Серегин Даниил, Чернов Александр сымэ, зэIущIибл ирагъэкIуэкIати, псоми щытекIуэри, япэ увып1эр турнир таблицэм щаубыдащ. Ди щIалэхэм я тренерыр Унэжокъуэ Альбертщ.
Иджы ди командэм къыпэщылъщ дыгъэгъазэм и 19 - 22-хэм Пензэ къалэм щекIуэкIыну УФ-м и чемпионатым и етIуанэ Iыхьэм зыкъыщигъэлъагъуэну.