ЩэкIуэгъуэм и 18, блыщхьэ
1917 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, политик цIэрыIуэ, 1956 -1985 гъэхэм КъБР-м и УнафэщIу щыта Мэлбахъуэ Тимборэ.
1928 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тыгъуэн Рашад.
1937 гъэм къалъхуащ журналист, тхакIуэ, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Багъ Нурбий.
1941 гъэм къалъхуащ композитор, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Натхъуэ Жанхъуэт.
1943 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м, АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, Абхъаз Республикэм щIыхь зиIэ и артист, АР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Нэхей Аслъэн.
1958 гъэм къалъхуащ УФ-м и ХъумапIэ банкым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и унафэщIу щыта, УФ-м щIыхь зиIэ и экономист Урысбий Хьэмидбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр градус 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псэ зыпыт къупщхьэм лы къытокIэж.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.