Спорт хъыбархэрНэхъ лъэщхэр зэхагъэкI
Урысейм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Тюмень къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 44-м я бэнакIуэ 367-рэ.
Медалибгъу къахьБаталовэ Риммэ и цIэр зэрихьэу Башкортостаным и къалащхьэ Уфа дэт спорт центрым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 66-м я зэуакIуэ 1600-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэсыху. Ди республикэм и спортсменхэм хъарзынэу абы зыкъыщагъэлъэгъуащ икIи медалибгъу къахьащ: 5-р дыщэу, 1-р дыжьыну, 3-р домбеякъыу. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ щыхъуахэщ Блий Эмир (кг 40), Гуэбэшы Аскэр (кг 45-рэ), Токъуий Алим (кг 52-рэ), Гуэбэшы Арнеллэ (кг 53-рэ), Токъуий Алим (кг 55-рэ).
ХьэщIэр ятокIуэДи республикэм и къалащхьэм дэт «Каисса» шахмат уардэунэм щекIуэкIащ цIыхухъухэм я 83-нэ чемпионат зэIуха. Абы щызэпеуащ цIыху 25-рэ. ГъэщIэгъуэну икIи удэзыхьэхыу щыта зэпеуэхэм япэ увыпIэр щиубыдащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием и шахматист Келехсаев Вадим. ЗэIущIэм къыщыхуэхьыну щыта очкои 9-м щыщу 8,5-рэ къафIихьащ абы и хьэрхуэрэгъухэм. ЕтIуанэ увыпIэр къылъысащ Козак Александр: очкои 8-р зыIэригъэхьащ. Ещанэр Токъуий Эмирщ: очкои 7 къихьащ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




