Ди щIалэхэр аргуэру къахожаныкI

ММА-мкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Смоленск къалэм и «Юбилейный» спорт комплексым щекIуэкIащ.

Абы щызэпеуащ УФ-м и щIыналъэхэм ящыщу 36-м, Азербайджаным, Армением, Белоруссием, Къыргъызстаным, Молдовэм, Таджикистаным, Узбекистаным, нэгъуэщI къэралхэми щыщ хъыджэбзрэ щIалэу 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16 - 17-м щIимыгъуауэ.

Урысей Федерацэм и командэм хэту абы щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнищ икIи Мэкъуауэ Ахъмэт килограмм 70 хъухэр щызэпеуа гупым етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

Апхуэдэуи иджы екIуэкIа зэIущIэм хиубыдэу Смоленск щызэхашащ илъэс 12 - 13, 14 - 15 зи ныбжь спортсменхэм ММА-мкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Мыбдежым Къармокъуэ Темырлан етIуанэ увыпIэр къыщихьащ килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я деж, Мэкъуауэ Елдар ещанэ хъуащ (кг 36-рэ).

Ди щIалэхэм зыщагъасэр «Файт Зон» спорт клубырщ, я тренерхэр Мэш Алимрэ Шыхъуэстэн Русланрэщ.

 

                                                                     КЪАНШЫУЕЙ Алим.

 

 

 

Поделиться:

Читать также: