Спорт хъыбархэр
Новосибирск зэрыкIуэнум зыхуагъэхьэзыр Шэшэным и Шали къалэм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и бэнакIуэ 250-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм щыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Къудей Ислъамрэ (кг 49-рэ) Шыкълъашэ Елдаррэ (кг 71-рэ). ЕтIуанэ хъуахэщ Борэн Иналрэ (кг 71-рэ) Тау Астемыррэ (88-рэ). Ещанэ увыпIэхэр яубыдащ Уэсмэн Амырхъан (кг 53-рэ), Биболэт Даниял (кг 71-рэ), Батыр СулътIан (кг 88-рэ) сымэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ етIанэгъэ щIышылэм и 31-м – мазаем и 5-хэм Новосибирск къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм. Ди командэм и тренерхэр ПшынащIэ Мурат, Ким Руслан, Махуэ Олег, Хъупсырджэн Резуан сымэщ.
Урысей Федерацэм кикбоксингымкIэ и чемпионат Кемеровэ къалэм щекIуэкIащ. Удэзыхьэхыу икIи гуащIэу екIуэкIа зэIущIэхэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 54-м я спортсмен 500-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэм. Килограмм 51-рэ зи хьэлъагъ гупым яхэт Гъубжокъуэ Рустамрэ Блашэ Темырланрэ (кг 60) дыжьын мадалхэр къахьащ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||






Дыжьын медалхэр къахь