ТеннисымкIэ зэпеуэ

Урысейм судкIэ тезыр зытралъхьахэм ар егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIащ стIолыщхьэ теннисымкIэ турнир. Ар хуагъэпсат Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм хуэгъэпсауэ 
Зэпеуэм хэтащ командэу 10. Зэпеуэм къыхыхьащ КъБР-м и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и ветеранхэри.   
Спортсменхэр къригъэблэгъащ УФСИН-м и унафэщIым и къуэдзэ Фоменкэ Андрей икIи къыхигъэщащ къэралыр зыхъумэхэр, зи гъащIэр и Хэкум къулыкъу хуэщIэным езыпххэр Урысейм сыт щыгъуи зэрыщагъэлъапIэр. ПщIэ яхудощI лIыгъэ зезыхьахэм. Си фIэщ мэхъу фэ псори текIуэныгъэм фызэрыхуэпэбгъэнур, - захуигъэзащ къызэхуэсахэм къэрал кIуэцI къулыкъум и полковникым.  
ТекIуэныгъэм щыщIэбэнащ гуп зэхьэзэхуэм и мызакъуэу, щхьэзакъуэ зэпеуэми.  Абыхэм зэрыжаIащи, лIыхъужьхэм, къэралым щыпсэухэм я мамыр псэук1эр  Iэщэ яIыгъыу нобэ зыхъумэхэм я цIэкIэ узэпеуэныр щIыхь зыпылъщ. Аращ я зэфIэкI псори къагъэлъэгъуэным щIыхущIэкъуар. 
Командэ зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ «Вулкан» къудамэ щхьэхуэм и командэм икIи кубокыр лъысащ. ЕтIуанэ увыпIэр къахьащ УФСИН-м и аппаратым и гупым, «жэзыр» ялъысащ следственнэ изолятор №1-м и лэжьакIуэхэм.  
Гулъытэ хуащIащ щхьэзакъуэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэми. ЦIыхухъухэм я деж щытекIуащ Быф Беслъэн (УФСИН-м и аппарат), зэпеуэм и дыжьын медалыр зыIэригъэхьащ Гуэнгъэпщ Аслъэнбэч (ФКУ УИИ), ещанэ увыпIэр лъысащ Шокъул Астемыр ( «Вулкан» къудамэ). ЦIыхубзхэм я деж бжьыпэр щиубыдащ Тхьэзэплъыж Сэтэней (КП-5 ФКУ), Атаевэ Аишат етIуанэщ (ЦИТОВ ФКУ), Морозовэ Полинэ ещанэщ («Вулкан» къудамэ). НэхъыфIхэм кубокхэр, медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ. 
Зыгъэхьэзырар Бахъсэн Ланэщ.
Поделиться:

Читать также: