Дыгъэгъазэм и 16, блыщхьэ
1890 гъэм къалъхуащ Мысырым нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру, премьер-министру щыта Мэхьмуд (Хьэхъу) Февзи.
1916 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, щIэныгъэлI, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шортэн Аскэрбий.
1967 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Кушмэзокъуэ Iэсият.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщI.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.