ЗэкIуий Азэмэт аргуэру токIуэ

Ханты-Мансийск автономнэ округым и Нефтеюганск районым хыхьэ Пойковский къуажэм щекIуэкIащ УФ-м бэнэкIэ хуитымкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ Семенов Владимир и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа 19-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 20-м, хамэ къэралу 19-м я бэнакIуэ лъэщхэр.
Зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменитI икIи зэфIэкIыфIхэр абы къыщагъэлъэгъуащ. Килограмм 92-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ЗэкIуий Азэмэт зэпеуэм дыщэ медаль къыщихьащ. Кумыщ Темырлан зыхэта гупым (кг 125-рэ) ещанэ щыхъуащ. 
ЩIалэхэм ядэлажьэр ЗэкIуий Арсенрэ Бэрэгъун Рашидрэщ.
Къыхэдгъэщынщи, мы гъэм щегъэжьауэ иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм хуэдэр къызэрыхахыу щытынущ дяпэкIэ. Абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ илъэс къэс зэхашэ дунейпсо зэпеуэм. Ар щекIуэкIынур, зэрыхабзэу, Красноярск къалэрщ, етIанэгъэ и щIышылэ мазэм. 
 
БоксымкIэ нэхъ лъэщхэр
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Белая Речкэ къуажэм дэт «Акк Суу» спорт комплексым щекIуэкIащ КъБР-м боксымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ (2007 - 2008 гъэхэм къалъхуахэр хэту) республикэм и балигъхэм я чемпионатрэ (зи ныбжьыр илъэс 18 - 40-м щIимыгъуахэр). Псори зэхэту абы щызэпеуащ спортсмен 84-рэ.
Балигъхэм я чемпионатым япэ увыпIэхэр щаубыдащ Гъубжокъуэ Рустам (54-рэ), Шавердинов Алан (кг 57-рэ), ХьэкIуащэ Рустам (кг 60), Борсэ Алан (кг 63,5-рэ), КIыщ Къантемыр (кг 67-рэ), Мудрэн Мухьэмэд (кг 71-рэ), Алиев Магомед (кг 75-рэ), БжэныкIэ Рустам (кг 86-рэ), ГъукIэ Альберт (кг 86-рэ). 
Япэ увыпIищыр зэхьэзэхуэм къыщызыхьахэр хагъэхьащ ди республикэм боксымкIэ и командэ къыхэхам. 
 
Дагъыстэным кIуэнухэр яубзыху
Налшык къалэм дэт «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм и зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ бэнакIуи 170-рэ, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуауэ. 
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хьэбил Идар (кг 32-рэ), Дыкъынэ Руслан (кг 35-рэ), ХьэщIэлI Нурдин (кг 38-рэ), Жылэтеж Дамир (41-рэ), Бэмбэт Андемыркъан (кг 44-рэ), Хуртуев Темырлан (48-рэ), Бахъуэ Азрэт (кг 52-рэ), ХьэпцIэ Самир (кг 57-рэ), Нартокъуэ Имран  (кг 62-рэ), Шыгъушх Инал (кг 68-рэ), Долэт Кемран (кг 75-рэ), БжьыхьэлI Саид (кг 85-рэ), Былымгъуэт Хъусен (кг 92-рэ) сымэ.
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ 2025 гъэм щIышылэм и 17 - 20-хэм Дагъыстэным щекIуэкIыну зэIущIэм.  
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: