НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 21, щэбэт
Илъэсым къриубыдэу махуэр щынэхъ кIэщIщ, жэщыр щынэхъ кIыхьщ
1944 гъэм ВКП (б)-м и обкомым унафэ къищтащ Дзэлыкъуэ, Куба, Налшык, Шэджэм, Прималкэ, Урожайнэ, Лэскэн районхэм газет къыщыдэгъэкIыным теухуауэ.
1879 гъэм къалъхуащ парт, къэрал лэжьакIуэ, генералиссимус, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, 1924 - 1953 гъэхэм СССР-м унафэщIу щыта Сталин (Джугашвили) Иосиф.
1932 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, щIэныгъэлI Елмэс Iэулдин.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Махуэм  хуабэр  градуси 2 - 3, жэщым  щIыIэр градуси 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ЦIыхухэр нэгукIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, 
ягукIи зэщхькъым.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ