ГъущI гъуэгукIэ ягъэIэпхъуэхэрДызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъущI гъуэгумкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу тонн мин 56,7-рэ ягъэIэпхъуащ. Ар проценти 7,2-кIэ нэхъыбэщ нэхъабэ и апхуэдэ мазэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
Псори зэхэту къэбгъэлъагъуэмэ, дызэрыт илъэсым и щIышылэ – щэкIуэгъуэхэм къриубыдэу республикэм гъущI гъуэгукIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу ягъэIэпхъуар тонн мин 507,6-рэ хъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIэ бжыгъэхэм хуэдиз мэхъу ар. Абы щыщу, 2024 гъэм и мазэ пщыкIузым къриубыдэу, нэхъыбэу ягъэIэпхъуар ухуэныгъэ материалхэрщ – тонн мин 416-рэ. Ар процент 1,8-кIэ нэхъ мащIэщ нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ.
ЕрыскъыхэкIыу ягъэIэпхъуащ тонн мин 55,2-рэ (нэгъабэрей бжыгъэхэм елъытауэ процент 45,2-кIэ нэхъыбэщ), гъавапхъэу - тонн мин 31,8-рэ. Нэгъабэ яхузэфIэкIам нэхърэ процент 21-кIэ нэхъ мащIэщ ар.
Поделиться:
Читать также:
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
15.07.2026 - 15:21 →
Лъэпкъми хэкуми я набдзэт
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
| ||




