Хъубий Анатолэ и фэеплъ зэхьэзэхуэм зэхуешэсШэджэм къалэм дэт, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ спортымкIэ я уардэунэм иджыблагъэ бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ. Ар и фэеплъу щытащ СССР-м спортымкIэ и мастер, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъубий Анатолэ. Абы гуп 11-у гуэшауэ щызэхьэзэхуащ республикэм и щIыналъэхэм я спортсмен ныбжьыщIэу 200-м щIигъу.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэу щыта зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэми къыщыхэжаныкIэхэми кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, бэнэкIэ хуитым Шэджэм щIыналъэм зыщегъэужьыным, сабий, ныбжьыщIэ нэхъыбэ абы дегъэхьэхыным ехьэлIауэ Хъубий Анатолэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ. Абы игъэсащ дунейпсо классымкIэ спортым и мастерым и мардэхэр зыгъэзэщIа бэнакIуэхэр, Урысей Федерацэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа зэхьэзэхуэхэм, дунейпсо зэпеуэхэм щытекIуахэр, къыщыхэжаныкIахэр.
Тренер цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэм хыхьэу абы щагъэпажащ дызэрыт илъэсым ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьа спортсменхэр. Псалъэм къыдэкIуэу, бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щызыубыда Къэжэр Ислъам иратыжащ УФ-м спортымкIэ и мастер мардэр зэригъэзэщIам щыхьэт техъуэ дэфтэрыр.
Поделиться:
Читать также:
19.01.2025 - 12:26 →
Орёл макIуэ
19.01.2025 - 11:18 →
Темболэт и зэфIэкIхэр
15.01.2025 - 20:28 →
Оренбург зыхуагъэхьэзыр
15.01.2025 - 17:16 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр
|