«ГОЭЛРО-м и план» цIэр иIэу, СССР-м 1920 гъэм щызэхалъхьауэ щыта экономикэ программэм мыхьэнэшхуэ иIащ, къэрал абрагъуэм ток зэрырикIуэ кIапсэхэр щыукъуэдииным хуэгъэзауэ.
Электроэнергетикэм ди гъащIэм къалэнышхуэхэр щегъэзащIэ, жылагъуэ экономикэр зыхуэдэнур абы и щытыкIэм, и зыужьыкIэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ.
Тхыдэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэна, ЦIыхубэ хозяйствэм зэрызиужьынум и япэ къэрал план зэхэтыр къызэращтэрэ мы гъэм илъэсищэрэ плIырэ ирокъу.
Электрокъарур куэду зэгъэпэщынымрэ нэгъуэщI хэгъэгухэм абы щыщ утIыпщынымкIэ ди къэралым еплIанэ увыпIэр дуней псом щиIыгъщ.
Урысейм и энергетикэ «хъым» (ЕЭС) и къудамэхэр щIыналъэу 70-м щыIэщ. Iыхьиблу гуэша ахэр къэралым и щIыналъэ зэхэтхэу КъуэкIыпIэм, Сыбырым, Уралым, Курыт Индылым (Волгэ и кум), Ипщэм, Щыхьэрым егъэщIылIам, Ищхъэрэ-КъухьэпIэм гуп-гупурэ щызэгъэуIуащ. Ахэр (энергосистемэхэр) киловольт 220 - 500-рэ зэрырикIуэ кIапсэ быдэшхуэхэмкIэ зэпыщIэжащи, дэтхэнэри адрейм къызэрыкIэрыху щымыIэу, псори зэдолажьэ.
Урысей Федерацэм и электростанц псоми я лъэщагъыр, зэхэтлъхьэжмэ, гигавольт («вольт» жыхуаIэр зэкIэлъыкIуэу бгъуэрэ зэхуэбгъэбэгъуэжмэ) 240-м ноблагъэ. Абыхэм псори зэхэту электрокъарууэ зы сыхьэтым къалэжь киловатт мелард 1053,8-м нэблагъэ.
Ди къэралым электростанц минрэ ныкъуэм нэблагъэ зыхиубыдэ и энергетикэ зэгъэуIуар, щIэныгъэлIхэм къызэрабжамкIэ, дуней псом щынэхъ инхэм икIи щIыуэпсым нэхъ емыгуауэхэм ящыщщ. Ар кърикIуащ а Iуэхум пыщIа IэщIагъэлI гъуэзэджэхэм, жэуаплыныгъэшхуэ яхэлъу, лIэщIыгъуэм щIигъуауэ ирахьэкI я лэжьыгъэ гуащIафIэм.
Дыщыпсэу республикэр къэтщтэнщи, Кавказ Ищхъэрэм и МРСК IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ди щIыналъэм токыр ятрегуашэ, къэзыгъэсэбэпхэр ирикъуу къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхугъуэ псори мы зэманым гъэхуауэ йокIуэкI. КъинэмыщIауэ, токыр зэрыIуач, зэрыIуадзэ, къэхъукъащIэхэм зэрыщахъумэ, зэрытраухуэ-зэрызэпащIэ Iэмэпсымэхэр зэпэщщ. Дызыхыхьа щIымахуэ лъэхъэнэм электросетхэр къызыхуэтыншэу хуагъэхьэзыращи, щыщIагъэ ин къахукъуэмыкIыу лэжьэнущ.
Киловольти 110-04-м хуэщIа уэгу кIапсэу километр мин 18-м щIигъу, псори зэхэту мегаватт 130-м нэблагъэ зи лъэщагъ, киловольт 35-м къыщыщIэдзауэ 110-м нызэрыхьэс зэкIуалIэ подстанцу 72-р, киловольти 6-10/0,4 щагуэш трансформатор пункту 2370-р къагъэсэбэп. Иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм электростанцыщIэхэр къызэрыщыунэхуар сэбэпышхуэ хъуащ токыр къэзыгъэсэбэпхэм ар къызыхуэтыншэу лъагъэIэсынымкIэ.
Дызэрыщыгъуазэщи, иужьрей илъэсхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэгъэхуэбжьауэ щызэтеуващ «Шэрэдж-Ищхъэрэ» ГЭС-м и ухуэныгъэщIэхэр. 2024 гъэм республикэм и энергетикхэм абыхэм нэхъ хуэищхъэрэ дыдэу яхэт Псыгуэнсу МГЭС-м, мегаватт 19,1-м нэблагъэ зи лъэщагъым, и лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу зэтраублащ.
Дыгъэгъазэм и 22-р Энергетикым и махуэщ.