Ахъмэт Амир Хъусен и къуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, къэралым и щIыналъэ куэдми хамэ хэкухэми къыщацIыху. Ар Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренерщ, и гъэсэнхэм яхэтщ УФ-м тхэквондомкIэ и чемпионхэр, дунейпсо, европей зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу щытекIуахэр, къыщыхэжаныкIахэр. Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и унафэщIщ.
Ахъмэтыр мы гъэм ди щIыналъэм щекIуэкIа Парламент хэхыныгъэхэм щытекIуэри, депутату хахащ, комитетым и унафэщIым и къуэдзэщ, и лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэгъэпсари спортырщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и командэ къыхэхар къэралым щынэхъыфIхэм хабжэ жытIэми ягъэлея хъунукъым. Ди псалъэм щыхьэт техъуэу ди гугъэщ мы гъэм Налшык щекIуэкIа чемпионатым щыIа, УФ-м тхэквондомкIэ и федерацэм и тхьэмадэм жиIахэр. Абы къыхигъэщауэ щытащ дыщэ медалхэр иужьрей илъэсищ-плIым зэкIэлъыкIуэу къэзыхь командэ, КъБР-м ейм нэмыщI, УФ-м зэрыщымыIэр. Ар лэжьыгъэшхуэщ - жэщи махуи спортсменхэм уахэтыныр, ахэр здэбгъэкIуэну зэхьэзэхуэхэр, зыгъэсэныгъэхэр зэхуэбгъэхъуныр, дэтхэнэми и Iуэху зэрыхъунум ущIэгупсысыныр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, куэд пыщIащ абы, институт псо ирикъуу. Мис ар псори зэхуэзыгъакIуэхэм я пашэщ еш зымыщIэ, зи лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу, тхэквондор республикэм ипэкIэ щызыгъэкIуатэ Ахъмэт Амир.
«Ди деж къэгъэзэжи, къэралым и командэ къыхэхам, я ныбжькIэ узыхуейр къыхэхи, я тренеру тхуэлажьэ», - къыжриIат абы УФ-м ТхэквондомкIэ и федерацэм и тхьэмадэм, ауэ Амир ар хуигъэдэхатэкъым. Нэхъ къищтащ икIи япэ иригъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуу, и щIыхьыр зыIэту зэтригъэува и командэм къыщынэжыныр. ИщIэрт хэхъуэкIи и Iуэхур нэхъ къызэрикIынур, ауэ, езым зэрыжиIамкIэ, псори сомкIэ къэплъытэ хъунукъым. Ди пщIэр, ди щIыхьыр япэ иригъэщмэ, щалъхуа, къыщыхъуа щIыналъэм, хэкум и сэбэп гуэр иригъэкIмэ нэхъ фIэтэмэмщ.
Амир зэрыхэкупсэр къегъэлъагъуэ тхэквондорами, дзюдорами, бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэрами, зыри зэхэдз зэримыщIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэу щытмэ, хузэфIэкI къимыгъанэу зэрадэIэпыкъур. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр яхелъхьэ и гъэсэнхэм икIи хущIокъу щалъхуа щIыналъэр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, нэхъыжьми нэхъыщIэми яхуэфащэ пщIэ хуащIу ахэр къэгъэтэджыным. Абы фIыуэ къыгуроIуэ гъэсэныгъэ, фIэлIыкI зыхэмылъ чемпионыр зыми зэримыпэрмэныр икIи и щхьэри лъапIэ зэрымыхъунур.
Ахъмэтыр депутат лэжьыгъэм щIыхыхьам и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: спортыр адэкIэ гъэкIуэтэн, ди щIэблэм я узыншагъэр зыгъэбыдэну, ахэр зыпсыхьыну Iэмалхэр нэхъ нэсу къэгъэсэбэпа хъун папщIэщ. Амир фIыуэ щыгъуазэщ зыпэрыхьэ къулыкъум къыщыпэщылъ къалэнхэм икIи бгъэдэлъщ ахэр зэрызригъэхъулIэн щIэныгъи Iэзагъи.
«ЦIыху губзыгъэр дэни хэзэгъэнущ жаIэ, ауэ зыпэрыхьа Iуэхум куууэ хэзыщIыкI, абы и пIалъэ зыщIэм сэбэпынагъ нэхъыбэ къызэрыпыкIынуми шэч хэлъкъым. Дэтхэнэ зы цIыхури езыр зыхуэхьэзыр, и щIэныгъэкIэ зыхуэIэрыхуэ и IэнатIэ пэрытыжын хуейщ, профессионал жыхуаIэм хуэдэу щыту. Дунейм и пIалъэр къыдгурыIуэу дыщытщ дэтхэнэ зыри, ауэ зы IуэхугъуэхэмкIэ дылъэщу, адрейхэм зэрыхэтщIыкIыр нэхъ мащIэу.
Сэ спортым сыхэтщи, ди ехъулIэныгъэхэр езыр-езыру къызэрымыкIуар сощIэ. Алыхь IэмыркIэ цIыхум зэчий гуэр бгъэдэлъщи, щхьэж нэхъ зыхуэIэзэм яужь итщ. Сэ спортым сыхэлэжьыхьыну щIысфIэфIыр медалхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ къызэрыщытхь, абы ди пщIэр зэриIэт къудейркъым. А Iуэхум и мыхьэнэр щIэиныр цIыхум и гъэсэныгъэм, абы и гъащIэр зэрыхъунум, и дуней тетыкIэнум дыхолэжьыхьри аращ», - жеIэ Амир.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек гу къылъимытэу къэнакъым Ахъмэтым и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ зехьэкIэмрэ икIи сыт и лъэныкъуэкIи къыдеIыгъ и жэрдэм дахэхэр.
«Сэ схузэфIэкIыу, республикэм спортым зыщегъэужьыным щхьэкIэ зыри къэзгъэнэнукъым. Спортыр и пIэм иту аракъым. Лэжьыгъэ хъарзынэхэри щокIуэкIри, сэ нэхърэ нэхъыфIу хэзыщIыкI цIыху куэди хэтщ, ауэ сэри къыслъысу, си сэбэпынагъ гуэр езгъэкIыну, щIэуэ зыгуэрхэр хэслъхьэн мурадхэр сиIэу аращ», - жеIэ Ахъмэт Амир. Дэри ар ди фIэщ мэхъу. МыхъункIи Iэмал иIэкъым. А псом и щыхьэтщ лъэ быдэкIэ спортым хэува, зи цIэхэр лъагэу дунейпсо утыкушхуэхэм щыIуа, «Пять колец» академием и гъэсэнхэм я ехъулIэныгъэхэр.
Амир цIыхугъэу, гъэсэныгъэрэ гулъытэу хэлъыр зэрыщIэншэм и щыхьэтщ зи узыншагъэм сэкъат иIэ щIалэ зеиншэ цIыкIур (зы Iэ пымыту къалъхуащ) и унэ къишэу зэрыщигъэпсэуар, дэлажьэурэ, игъасэурэ Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ и чемпион мы гъэм ар зэрыхъуар. Апхуэдэ щапхъэхэм иджыри къыпыпщэфынущ.
КъызыхэкIа унагъуэри лъэпкъри зэрыгушхуэ хъунщ Амир. ПщIэшхуэ яхуэфащэщ апхуэдэ щIалэ зыгъэса Ахъмэтхэ Хъусенрэ (и ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) Аминэрэ. Апхуэдэщ Ахъмэт Амир и дунейр: ар дахэщ, къабзэщ икIи зэIухащ. Дэ къыдбгъэдэкIыу жытIэжынщи, мураду ищIауэ хъуар къехъулIэну ди гуапэщ!