Дыгъэгъазэм и 23, блыщхьэ
♦УФ-м Экологие, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэхэмкIэ и къулыкъум (Ростехнадзор) и махуэщ
♦Урысейм и Дзэ-Хьэрш Къарухэм гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыф я авиацэм и махуэщ
♦1905 гъэм Тэрч областым зауэ щытыкIэ щагъэувауэ щытащ.
♦1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ ищIащ ИлъэсыщIэр къыщихьэ щIышылэм и 1-р гъэ къэс гъэлъэпIэным икIи ар мылэжьэгъуэ махуэу гъэувыным теухуауэ.
♦1905 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ дохутыр, дипломат, адыгэ лъэпкъым и блэкIар джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIа Хьэбжокъуэ Шэукэт.
♦1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист ЖьакIэмыкъуэ Iэминат.
♦1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор Азэщокъуэ Геннадий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 5, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псыр псэхэлъхьэжщ.