Гугъэмрэ спортымрэ![]() КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм зи узыншагъэм сэкъат иIэ сабийхэр спортым щыхуагъасэ и еджапIэм екIуалIэ цIыкIухэм я зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ иджыблагъэ. «ГугъапIэхэм я къежьапIэ» - арат абы фIащар. Зэхьэзэхуэм еплъыну икIи еджакIуэ цIыкIухэм къадэщIыну абы щыIащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэу Ахъмэт Амиррэ Шыпш Аслъэнрэ, футболым и ветеранхэм я «Дружба» клубым хэтхэр, УФ-м цIыхубзхэм футболымкIэ я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, Урысей футбол зэгухьэныгъэм и щIыналъэ менеджер Зайцевэ Татьянэ сымэ, нэгъуэщIхэри. КъызэгъэпэщакIуэхэм къапщытэжащ дызэрыт илъэсым спорт еджапIэм и гъэсэнхэм яхузэфIэкIахэр икIи абыхэм ящыщу ехъулIэныгъэ зиIахэм фэеплъ саугъэтхэр, щIыхь тхылъхэр, медалхэр иратащ, гуфIэгъуэ Iэни къыхуаIэтащ. КЪАНШЫУЕЙ Алим.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||




