Дыгъэгъазэм и 24, гъубж
Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1839 гъэм къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и маршал, Кавказым и тхыдэм теухуа лэжьыгъэ куэд къытрезыгъэдза Бэрзэдж Зеки-пэщэ.
1954 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ЕхъулIэ Мартин.
1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Къэзанш Хьэлимэт.
1958 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Лъхукъуэщауэ Хьэбас.
1960 гъэм къалъхуащ сабий дохутыр, «Урысейм и дохутыр нэхъыфI» цIэ лъапIэр 2013 гъэм зыхуагъэфэща Чым Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 2, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
ХьэщIэр шхэмэ, бжэм йоплъ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.