Владикавказ къалэм «Снежный барс» фIэщыгъэр иIэу иджыблагъэ щекIуэкIащ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэхэмкIэ) 4-нэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 11-м я спортсмен 350-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм хэту зэпеуэм щыIащ «Пять колец» спорт академием и гъэсэн Хьэщыкъуей Руслан икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэ иIэу къигъэзэжащ.
Къыхэдгъэщынщи, ныбжьыщIэм зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 37-рэ хъухэм я дежщ, ауэ иджы екIуэкIа зэхьэзэхуэм апхуэдэ хьэлъагъ зиIэхэм я зэIущIэ зэрырамыгъэкIуэкIам къыхэкIыу, Руслан зыкъыщигъэлъэгъуэн хуей хъуащ килограмм 40 хъухэм я деж икIи, дызыщыгуфIыкIынщи, къикIуэтакъым!
Япэ зэIущIэм Руслан къыпэщIэтащ хэгъэрей спортсмен Плиев Ахсартаг, ауэ зэхьэзэхуэм хухаха зэманыр и кIэм нимыгъэсу абы текIуащ ди щIалэр. АдэкIэ, финалым икIын папщIэ, ар хуэзащ Ингушым и лIыкIуэ Межоев Аблул-Малик. Мыбдежым Хьэщыкъуейр абы фIыуэ гугъу дехьащ, ауэ, дауэ хъуми, текIуэныгъэр къыфIихьащ зэIущIэм и бжыгъэр 2:1-уэ.
КIэух зэхьэзэхуэм Руслан щыIущIащ КъБР-м и командэм хэт, езым и ныбжьэгъу щIалэ Гувэжыкъуэ Инал. А зэпэщIэтыныгъэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ. АдэкIэ унафэр къызылъысар судьяхэрати, япэ увыпIэр Инал иратащ, ар текIуэныгъэм нэхъ хуэпэбгъауэ къалъытэри. Руслан етIуанэ хъуащ.
Къыхэдгъэщынщи, Хьэщыкъуей Руслан дызэрыт илъэсым зэIущIэу 10-м хэтати, абы щыщу 9-м медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыщихьащ: 3-р дыщэу, 5-р - дыжьыну, 1-р домбеякъыу. Медалыншэу къыздикIыжар Дон Iус Ростов и закъуэщ. ЖыпIэнурамэ, илъэсыщIэм ехъулIэныгъэхэр и куэду ирохьэлIэ. Ди гуапэщ и зэфIэкIым адэкIи хигъэхъуэну, дэщIхэр иджыри куэдрэ игъэгуфIэну!
Руслан и тренерхэр Унэжокъуэ Абдельджэбаррэ Бозиев Муслимрэщ.