Дыгъэгъазэм и 27, мэрем
♦УФ-м щагъэлъапIэ КъегъэлакIуэм и махуэр
♦1932 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм унафэ къищтащ къэралым и цIыху балигъ псоми паспорт яIэн икIи дэтхэнэри щыпсэу щIыпIэм щатхауэ щытын зэрыхуейм теухуа унафэр.
♦1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр гъэувыным теухуа Унафэ къищтащ.
♦1929 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и академикыу щыта, КъБР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ХьэкIуащэ Андрей.
♦1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къэжэр Борис.
♦1976 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Бемырзэ Зураб.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Уи анэм иIэм еплъи, уи Iэм илъым едзакъэ.