НОБЭ

ЩIышылэм и 16, махуэку
1922 гъэм Балъкъэрыр Горскэ АССР-м къыхэкIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областыр РСФСР-м хэту къэхъуащ.
1929 гъэм къалъхуащ УФ-м и ЛIыхъужь, СССР-м щIыхь зиIэ и кхъухьлъатэзехуэ-къэхутакIуэ Мэзэхъу Владимир.
1932 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и член-корреспондент Тембот Аслъэнбий.
1943 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, АР-м и цIыхубэ артист ЛIыцIэрыIуэ Ким.
1956 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ Къашыргъэ Мухьэмэд. 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, республикэм уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 4 - 6, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псэр ящэри, напэ къащэху.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.03.2025 - 07:25 НОБЭ
17.03.2025 - 11:59 НОБЭ
14.03.2025 - 14:08 НОБЭ
13.03.2025 - 09:00 НОБЭ
12.03.2025 - 10:22 НОБЭ