Спорт хъыбархэр

Ди бэнакIуэхэм я ехъулIэныгъэ

Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьынымкIэ ныбжьыщIэхэр мы махуэхэм Дагъыстэн Республикэм щызэпеуащ. Абы спортсмену 315-рэ кърихьэлIати, 68-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщт.

Я хьэлъагъ елъытакIэ зэпеуэхэр,  гуп 11-у гуэшат. Ди гуапэ зэрыхъуащи, ди щIалэщIэхэм ехъулIэныгъэ мымащIэ мы зэхьэзэхуэм щаIащ - медаль къызыхуагъэфэщахэр 16 мэхъу. Хьэбылэ Идар, ХьэщIэлI Нурдин, Тэнащ Аслъэнбэч, Балай Алий, ХьэпцIэ Самир сымэ зыхэта гупым япэ увыпIэр къыщахьащ.

ЕтIуанэ хъуахэщ Узынжокъуэ Казбек, Дыкъынэ Руслан, БжьыхьэлI Сэхьид сымэ.

Хьэкъул Къаплъэн, Бэмбэт Андемыркъан, Асхьэб Имам, Шыгъушэ Инал, Сэншокъуэ Ислъам, Былымгъуэт Хъусен, Щомахуэ Айдар сымэ ещанэ увыпIэр къахьащ.

СамбэмкIи лъэрызехьэщ

Ди къуэш Къэрэшей-Шэрджэсым и щыхьэр Черкесск къалэм щызэхэтащ илъэс 16 зи ныбжьхэм самбэмкIэ я 11-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ 22-м къикIа спортсменхэр 200-м нэблагъэрт.

Ди республикэм икIа ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэмкIэ дагъэгуфIащ. Я хьэлъагъ елъытакIэ зыхэта гупым япэ увыпIэр Къудей Беслъэнрэ Бийболэт Даниялрэ къыщахьащ.

ЕтIуанэ хъуащ Щоджэн Ибрэхьим. Ещанэ увыпIэр Гъэданэ Къантемыр, Бэрэгъун Руслан, Щоджэн Къантемыр, Щауэ Ислъам сымэ къахьащ.

Мы зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ щызиIахэр Оренбург мазитI дэкIмэ щекIуэкIыну урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынущ.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: