Спорт хъыбархэрЗэкIэ домбеякъщ
Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Дагъыстэным и Каспийск къалэм щекIуэкIащ. Абы щыIащ щIыналъэхэм я бэнакIуэу 111-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуахэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэ 17 икIат.Ди щIалэхэм зэхьэзэхуэм медалищ къащыхуэхьауэ аращ, щыри – домбеякъыу. Ахэр Хъыжьрокъуэ Умар (кг 63-рэ), Бэмбэт Азрэт (кг 63-рэ), Гъубжокъуэ Ислъам сымэщ.
Командэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ Иуанхэ Аслъэнрэ Арсенрэ, Къурмэн Мурат, Мэкъуауэ Малик, Гугъуэтыж Мухьэмэд, Чыл Казбек сымэ.
Зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 5 - 9-хэм Уфа къалэм щекIуэкIыну зэпеуэм.
ЗэкIурей Николай ягу къагъэкIыж
РСФСР-м бэнэкIэ хуитымкIэ щIыхь зиIэ и тренер, СССР-м спортымкIэ и мастер, бэнакIуэ лъэщ куэд зыгъэхьэзыра ЗэкIурей Николай и фэеплъ зэхьэзэхуэ Бахъсэн къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Абы щызэпеуащ къалэ спорт еджапIэхэм я бэнакIуэ ныбжьыщIэу 230-м щIигъу, 2013 - 2014, 2015 - 2017 гъэхэм къалъхуауэ.
Гукъинэжу ирагъэкIуэкIа фэеплъ зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ етIуанэ, ещанэ увыпIэхэр къэзыхьахэмрэ кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
Медаль 45-рэ
Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КИФЩI-м я щIыналъэхэм я спортсмен 491-рэ.Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ икIи дыщэ медалу 12, дыжьыну 16, домбеякъыу 17 абы къыщихьащ.
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр хэтынущ УФ-м атлетикэ псынщIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм и щIышылэм и 28 – 31-хэм Тюмень къалэм щекIуэкIынум. Мыбы щызэпеуэнухэр зи ныбжьыр илъэс 18-м щIимыгъуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэщ.
Апхуэдэуи зи ныбжьыр илъэс 20-м щIимыгъуахэм я зэхьэзэхуэ мазаем и 21 - 23-хэм Волгоград къалэм щызэхэтынущ. Ари УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэпеуэу екIуэкIынущ.
УФ-м и чемпионатым макIуэ
КИФЩI-м стIолыщхьэ теннисымкIэ и чемпионат Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ, цIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхэту, спортсмени 100-м нэблагъэ.ЦIыхухъухэм я деж япэ щыхъуащ Внуков Артём (КъБР), Камардин Александр (Дагъыстэн) етIуанэщ, Бобровников Владимир (Донецк) ещанэщ.
ЦIыхубзхэм ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуащ Шмарко Ольгэ (КъБР), етIуанэ хъуащ Климченкэ Викторие (Шэшэн республикэ), Хъыдзэдж Беллэрэ (КъБР) Мацепурэ Елизаветэрэ (Ставрополь край) ещанэ увыпIэр зэдагуэшащ.
Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм Iэмал игъуэтащ стIолыщхьэ теннисымкIэ УФ-м и чемпионату мы гъэм Къэзан къалэм щекIуэкIынум хэтыну.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||





Кавказ Ищхъэрэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Дагъыстэным и Каспийск къалэм щекIуэкIащ. Абы щыIащ щIыналъэхэм я бэнакIуэу 111-рэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуахэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щIалэ 17 икIат.
Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ КИФЩI-м я щIыналъэхэм я спортсмен 491-рэ.
КИФЩI-м стIолыщхьэ теннисымкIэ и чемпионат Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ, цIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхэту, спортсмени 100-м нэблагъэ.