Мы цIэр зезыхьэ лъагапIэр Кавказ Ищхъэрэм бгыщхьэ лъэныкъуэмкIэ гузэпыщIэу декIуэкI тхыцIэ зыбжанэм ящыщ «Къырылъэ шытх» («Скалистый хребет») жыхуаIэрщ зыхиубыдэр.
Метр 3529-рэ зи лъагагъ Гъуазэ (Уаза, Уазахох) бгыр Осетие Ищхъэрэ - Аланием и щIыналъэм щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ нэхъ къыщыпэгъунэгъу Ираф районым (Дигорием) итщ.
Нэхъри дгъэбелджылымэ, ди республикэм и Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Ташлы-Тала балъкъэр къуажэ цIыкIум (Хъырзынэпс къуршыпс уэрым Iусщ) деж ди республикэм щигъунапкъэ Лахумедон (адыгэхэм «Шыбэ-къуэ», иныкъуэхэм дежи «Гъуазэ» хужаIэ) псыр ищхьэхэмкIэ къыщежьэ бгы екIуэкIым ущызыIущIэ Iуащхьэ телъыджэщ.
Чэщанэ теплъэ зиIэ, «Гъуазэ» зыфIаща къырылъэ абрагъуэр метри 100-кIэ зыщхьэщыпIиикI тхыцIэ екIуэкIыр абдежым, сэтей теплъэ щиIэу, щыджафэщ, щхьэдэхыпIэкIи къулейщ.
Лэскэн псыхъуэ
Зыкъэсщтэжынщи, Лэскэн псыхъуэ къыщыхъуа сэ мы Iуащхьэ къызэрымыкIуэр сы-зэрыцIыкIурэ сызыIуплъэ лъагапIэщ. Сыту жыпIэмэ, къуажэхэу Лэскэн ЕтIуани Ерокъуи удэту, уафэр къащхъуэрэ дунейри щыбзыгъэу, къуршхэр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ зыбгъазэмэ, уи нэм зэ плъэгъуэкIэ къыхуэубыд, чэщанэ теплъэ зиIэ лъагапIэщ мыр.
Куэдрэ згъэщIагъуэрт: «Уа-рэ, пэж дыдэу а Iуащхьэр, уи нэр теплъызэрэ удэзыхьэхыу, мыбдежым зэрыщыслъагъуу, адрей лъэныкъуэмкIи щыапхуэдэу пIэрэ?» жысIэу.
Ауэрэ, къуршхэм, псыхъуэхэм, щIым и зэхэлъыкIэм нэхъри сыдахьэх щыхъуа лъэхъэнэм, езы Тхьэшхуэр абыкIэ къысхуэупса фIэкIа сымыщIэну, сэ цIыхугъэ схуэхъуащ фIэщыгъэхэм я къэунэхукIэ хъуар зэхэгъэкIыным, ди лъэпкъым ахэр къызэрапсэлъу щытар къэтIэщIыжыным илъэс куэдкIэ яужь ита, ноби а Iуэхум пэрыт, дзэм илъэс бжыгъэкIэ хэта, отставкэм и полковник, ЦIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ къэрал зэхуаку академием (Международная Академия образования) и член-корреспондент, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Узыншагъэр хъумэнымкIэ цIыху пажэ» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Тохъу Мухьэмэд.
А лIым, дэфтэрхэми къахихыжу нэхъыжьхэми къаригъэIуэтэжу, тхылъымпIэм тригъэзэгъахэм ящыщщ ди лъэпкъэгъухэм ижькIэрэ я кIуапIэу щыта Гъуазэ (Уазахох) бгым зэреджэм ехьэлIауэ адэкIэ къыщытхьынухэри.
«Лэскэн щIыналъэм ит языныкъуэ къуажэхэм дэсхэм я дежкIэ, нэмэз щащIкIэ е Тхьэ щелъэIукIэ, Гъуазэ (Уаза, Уазахох) бгыр здэщыIэр къаблэмэ папщIэт. КъинэмыщIауэ, а Iуащхьэм и теплъэм и зыхъуэжыкIэмкIэ дунейм и щытыкIэм и зэблэхъукIэр адыгэхэми осетинхэми къыращIэрт», - щетх Тохъу Мухьэмэд зи гугъу тщIы и тхыгъэхэм ящыщ зым.
Мы бгым ехьэлIауэ Тохъум къигъуэтыжахэм яхэтщ адэкIэ зи гугъу щытщIынухэри.
Гъуазэ (Уаза) - Лахумедон псым (километр 18 и кIыхьагъщ) адыгэхэр зэреджэу щытам язщ, Ташлы-Тала деж ди республикэм и Лэскэн щIыналъэмрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ щрагъунапкъэщ. Зэреджэм мы и жыIэкIэр, зэрынэрылъагъущи, къыщежьэ бгым епхащ.
Адыгэхэм, а псым и гугъу щащIкIэ, «Гъуазэ» фIэщыгъэри ижькIэрэ къызэрапсэлъу щытам щыхьэт тохъуэ XVIII лIэщIыгъуэм икухэм урыс пащтыхьым и къулыкъузехьэ-геодезисту Кавказым щыIа Чичагов Степан. 1744 гъэм абы зэхигъэувауэ щыта ланд-картэм Лахумедон псым и цIэр зэритыр (Тохъум къызэрихутауэ) «Ваза» («Гъуазэ», «Уаза») жиIэущ.
АрщхьэкIэ, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, мы псым папщIэ адыгэхэм «Шыбэкъуэ» фIэщыгъэри къагъэсэбэпырт, уеблэмэ тIэкIукIэ нэхъ ебэкIыу.
Гъуазэ аранэ (Гъуазэм и щыгу) - «Мы бгыр адрейхэм гъэщIэгъуэныщэу къазэрыхэпцIыхукIыфыну и нэщэнэхэм ящыщ зыщ, щыхупIэ теплъэ зиIэрэ захуабзэу зыщхьэщыт шытх екIуэкIым ар, Пушкин Александр «Руслан и Людмила зыфIища и псысэ-поэмэм зэрыхэтым ещхьу, лIыхъусэжь гуэрым и жыр пыIэ хуэдэуи, бийм иризыщахъумэн папщIэ, цIыхухэм яухуа чэщанэ абрагъуэуи а щIыпIэм зэрыщыплъагъуфынур, - щетх адэкIэ Тохъу Мухьэмэд зэхуихьэсыжа и тхыгъэхэм. - А бгым мэкъу Iэтэ теплъи иIэщ. Абы къыхэкIыу, Лэскэн псыхъуэдэсхэм гушыIэ папщIэу жаIэр ар абдежым щыпызупщIа гуэрым къыфIэмыIуэхужу къытринауэщ.
Гъуазэ дамэ - Iуащхьэ къыхэпIиикIым къуэкIыпIэмкIэ щиIэ гузэпыщIэщ, щхьэдэхыпIэщ, метр 3445-рэ и лъагагъщ, ищхъэрэкIэ ущыту ущеплъкIэ, здэщыIэр сэмэгумкIэщ.
Гъуазэ натIэгу - къедза щхьэдэхыпIэхэм я курытщ, метр 3271-рэ и лъагагъщ.
«Зэман жыжьэм псэуа ди лъэпкъэгъухэм мыпхуэдэ псэлъафи яIащ: «Гъатхэм, уафэр Iуащхьэмахуэрэ Къэблэмрэ я зэхуаку къыщыгъуагъуэмэ, уэлбанэр ищхьэм кIуащ». КърагъэкIыр - «уэшхыр уафэгум къыщынащ!» жыхуиIэрт. Ауэ, мыбдежым псалъэжьым «къаблэмэ» щыжиIэкIэ зи гугъу щищIыр, дауи, Осетиемрэ Къэбэрдеймрэ ижькIэрэ я гъунапкъэм тета Гъуазэ бгыр аракъым, атIэ ди щIыналъэм щыпсэухэм нэмэз щащIкIэ я щхьэр здагъэзэ-ну къахуихуэ ипщэ лъэныкъуэрщ, ар сыт хуэдэ Iуащхьэ хуэмызэми. Осетинхэм я IуэрыIуатэм зэрыхэтымкIэ, Гъуазэ (Уазахох) бгым и щхьэм Дыгъэм ипхъу Агундэ щопсэу», - щетх адэкIэ Тохъум зи гугъу тщIа и тхыгъэхэм ящыщ зым.
Зэреджэр сытым къытехъукIа?
Тохъу Мухьэмэд мы Iуащхьэм ехьэлIауэ итхыжахэм мыри ящыщщ:
«Твёрдый Александр щIыпIэцIэхэр щызэхуихьэсыжа «Топонимический словарь Кавказа» и тхылъым Гъуазэ бгым ехьэлIауэ къыщихьыр, дауи, арэзы дыкъэзымыщIщ! Сыту жыпIэмэ, и фIэщыгъэм къикIыр адыгэбзэм къыщилъыхъуэн дэнэ къэна, осетиныбзэм хопэщэщыхьри (абыкIэ зыгуэр къелъэIуа хуэдэ), мы псалъэхэр къехь: «Вазахох… Этимология названия несколько затемне-на, но, возможно, ороним состоит из двух составляющих: «вазыг» - «сложный» и «хох» - «вершина». «Сложная вершина». Хотя не исключено, что в основе первой части оронима лежит имя собственное «Ваза», - «гора Вазы».
Зэрынэрылъагъущи, осетиныбзэм щыщу къихьа щапхъэхэр, тIури, зыри ищIыскъым, бгым и фIэщыгъэр адыгэбзэм IупщIу къызэрыщыхэщым елъытауэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъахэхутэу зыкъэзылъытэжхэм я нэхъыбэм апхуэдэ бгъэдыхьэкIэщ хуаIэр къэбэрдей адыгэхэр ижькIэрэ щыпсэуа щIыгум къыщекIуэкIыу щыта щIыпIэцIэхэр къыщахутэжкIэ…».
Мы тхыгъэм и кIэухыу мыри къыхэдгъэщынщ. Осетин лингвистикэм зегъэужьыным, щIыпIэцIэхэр зэхуэхьэсыжыным илъэс куэдкIэ иужь ита, егъэджакIуэ Iэзэу щыта Цагаевэ Анастасия «Топонимия Северной Осетии» зыфIища и тхылъым Гъуазэ (Уаза-Уазахох) бгым ехьэлIауэ щитхари егъэлеяуэ мащIэ дыдэт: «Уаза (Уаза). Высокая гора к северу от селения Донифарс». Зэрынэрылъагъущи, мыбдежми адыгэбзэрщ щытекIуэр.
Зыгъэхьэзырар
КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.