УзыщIэхъуэпсын лъагапIэШортэн Аскэрбийщ япэ къэбэрдей романыр (тхылъиплI хъууэ) зи Iэдакъэ къыщIэкIар (абы и япэ тхылъыр 1954 гъэм къыдэкIауэ щытащ). Дунейм къытехьащ Аскэрбий и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд - пьесэхэр, рассказхэр, IуэрыIуатэр щидж къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр. УрысыбзэкIэ къыдэкIащ Аскэрбий и «Театральное искусство Кабардино-Балкарии», «Адыгская мифология», «Адыгские культы» тхылъхэр. ЦIыху акъылыфIэу, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъу дунейм тетащ ар. Абы щыгъуазэ ущыхуохъу филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм и тхыгъэм.
«Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэкъым. КъыщIэмынэр зыщ - тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Шортэн Аскэрбий и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ. Нэхъыбэм ар зэрацIыхур «Бгырысхэр» романращ. Пэжщ, нобэ роман зытхрэ зытхауэ Iэджи диIэщи, япэ итам и лIыгъэр къыдгурыIуащэркъым. Ауэ а лIы гъэщIэгъуэным, нобэ тIэкIу тIэщIэгъупщыкI хъуами, и цIэр къыщраIуэм деж, ухуэтэджыну зыхуэфащэщ. КъухьэпIэ Европэм и тхыдэм налкъуту къыхэщхэм ящыщ зыщ энциклопедистхэр. Ахэр къыщыунэхуар Франджыращ, зэманкIэ зыхуэзэр ХVIII лIэщIыгъуэм икухэрщ. А цIыху щэджащэ гупым фIэщыгъэ яхуэхъуар къызытекIар щIэнгъуазэ уардэ зэхалъхьауэ аркъудейкъым, абыхэм ящыщ дэтхэнэри зы энциклопедие хуэдэт - я щIэныгъэрэ IэзагъкIэ. А зэманым лъандэрэ зы лIыр Iуэхугъуэ зыбжанэм фIы дыдэу щыхэзагъэм деж «ар энциклопедистщ» хужаIэ хъуащ. Дригушхуэну хуэфащэщ дэри апхуэдэ дыдэ зыхужыпIэ хъун лIыфI ди лъэпкъым къызэрыхэкIам. Ар Шортэн Аскэрбийщ. Псом япэу, къыжыIэн хуейщ, и дуней тетыкIэкIэ ар зэбгъэщхьыныр умыщIэн хуэдизу лIы хьэлэмэту зэрыщытар. Псалъэм щхьэкIэ, мыпхуэдэ къэхъугъэ абы и гъащIэм хэтащ. 1935 гъэм, Аскэрбий ядэIэпыкъуурэ къыхащыпыкIауэ, Мэзкуу ягъэкIуат япэ къэбэрдей профессионал артист хъун хуей гупыр. Езы дыдэри якIэлъыкIуащ абы - драмэ театрым и режиссеру еджэн мурад иIэу. АрщхьэкIэ, илъэситI нэхъыбэ емыджауэ, къалащхьэм зыщиIэжьакъым: «талантым зыщрагъэузэщIыр еджэщыракъым», жиIэри Налшык къэкIуэжащ. Ди деж щIалэгъуалэ гуп щызэхуешэсри, модрейхэр Мэзкуу щеджэху, езым театрыщIэ къызэIуех. «Нэмыджыса» режиссерым спектакль дэгъуэхэр игъэувауэ щытащ. Абы къигъуэту театрым иришэлIахэм яхэтащ иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми Урысейми щIыхь зиIэ я артист, цIыхубэ артист цIэ лъапIэхэр зыхуагъэфэща, ди театрым и цIэр фIыкIэ жыжьэ зыгъэIуа зыбжанэ. А зэман дыдэм Аскэрбий езыми пьесэ етх. Абы и «Батыр и къуажэр» апхуэдизкIэ театракIуэхэм ягу ирихьати, зэ ягъэуващ, жиIэу къимыгъанэу, Аскэрбий ар етIуанэуи, ещанэуи зэрегъэзэхуэжри, икIэм-икIэжым ди лъэпкъ драматургием и фIыпIэхэм ящыщ зы хъуным негъэс. Ауэ мыдэкIэ, зи гугъу тщIым и дуней тетыкIэм теухуа псалъэм пытщэмэ, мыпхуэдэ зыи къыжыIэн хуейуэ къызолъытэ. Талантышхуэ зыбгъэдэлъ дэтхэнэми хуэдэу, Шортэныр цIыху IэтIэлъатIэу щытакъым. Абы къыдрихьеяр занщIэу къыбжиIэнут, къулыкъушхуэу пIыгъым фIэлIыкIыу къигъэзэнутэкъым. Апхуэдэхэм дзыхь щIагъуэ яхуэпщI мыхъуну ялъытэ зымыщIэхэмрэ Iужажэхэмрэ. ИкIи зэманыр щыбзаджэхэм щыгъуэ апхуэдэхэр нэхъ кIуэдыгъуафIэ хъу хабзэщ. АрщхьэкIэ, Хэку зауэшхуэр къэхъейуэ къэралыр хъумэн хуей щыхъум, Аскэрбий зауэлI фащэр зыщитIагъэу дзэм хыхьа къудейкъым. 1942 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм, Совет къэралыр щыIэжынрэ Гитлер и пэшэгъухэм шыпхэкIэ зэбграхыжынрэ зыщIэ щыщымыIэм щыгъуэ, ар фашистхэм дунейм тралъагъуэ мыхъу коммунист партым хохьэ. АбыкIэ къызэтеувыIатэмэ, Шортэныр Аскэрбиижтэкъым. Адыгэ щIалэм и документхэр зэрегъэхъуэкIри, партым щыхыхьа махуэр къыщалъхуа махуэу ирегъэтх - къэралым и кIуэдыр сэри си кIуэдщ, къызэтенэмэ, сэри си фIыщIэ хэлъщ, жыхуиIэу! Дауи, лIыгъэшхуэ уиIэн хуейщ, пщэдей къэхъунур умыщIэу, апхуэдэу пщIыным щхьэкIэ. Ауэ щыхъукIи, а псори иужькIэ иIуэтэжу езым зэи зригъэщIэгъуэжакъым, атIэ, дунейм ехыжа нэужь, и щхьэгъусэ Даниткэ сэ къызжиIэжауэ щытащ. Абы артист хьэл зэрыхэлъар зыцIыхуу щыта куэдым жаIэжыфынущ, ауэ, щIыхь лей къихьын щхьэкIэ, ар утыкуакIуэу зэи щытакъым. Нэхъыбэм зэрацIыхущи, Аскэрбий тхакIуэ хьэлэмэтщ икIи ищхьэкIэ жыхуэтIа романым и закъуэкъым абы итхар. Шортэн-тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ повестхэр, рассказхэр, очеркхэр, критикэ тхыгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыкъомыр зэманым щIилъэсыкIауэ къытфIэщIми, ноби ахэр бзэм и шэрыуагъым, образ телъыджэ гъэлъэгъуэным, сюжет зэгъэпэщыкIэмкIэ щапхъэ хъунущ. Аскэрбий дунейм ехыжа нэужь, абы и литературэ щIэиныр къэзыпщытэж комиссэр сэ згъэлэжьэну къысхуагъэфэщауэ щытащ. Махуэ хэхакIэ и унэм дыкIуэурэ, Нало Зауррэ сэрэ, езы Данитки ди гъусэжу, зэхэддзащ тхакIуэм и Iэужьхэр. Мис абы щыгъуэ сызыIущIахэм ящыщщ и романышхуэ-тетралогием хузэригъэпэщауэ щыта материалхэр. Романым ауэ сытми кIуэцIрыплъа дэтхэнэми ещIэ абы персонажу пщIы бжыгъэ зыбжанэ зэрыхэтыр. АтIэ, сэ згъэщIэгъуаращи, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хузэхилъхьауэ «справкэ» зырыз тхакIуэм и архивым къыхэкIыжащ. А «справкэм» зэхэгъэщхьэхукIауэ итт зи гугъу ищIым и IуэхущIафэри, и теплъэри, и хьэл-щэнри, и гъащIэ гъуэгури - зыщыщу къызыхэкIам, къыщалъхуа зэманымрэ щIыпIэмрэ я деж къыщегъэжьауэ щылIэжам щыщIитIыкIыжу. Языныкъуэхэм деж сурэтри и гъусэжт. Апхуэдэу егугъуу, дэтхэнэ персонажри, дэтхэнэ эпизод нэхъ мыхьэнэншэу къыпфIэщIынри гъэщыпкъауэрэ къызэригъэнахуэм кърикIуащ япэ адыгэ тхыдэ романыр лъэпкъ литературэм, союзпсо литературэм и зы дахапIэ хъуныр. Пэжщ, нобэ абыи хуеплъэкIыжу IупщIэ хуэзыщIын щыIэхэщ, ауэ абыхэм яхэплъагъуэнукъым ди япэ романистым литературэм хищIыхьам хуэдэ хэзылъхьэфын». Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|