Мазаем и 13, махуэку
Радиом и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, Къэбэрдей АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1951 - 1957 гъэхэм щыта Лъостэн Чэлимэт.
1945 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыдэ Валерэ.
1954 гъэм къалъхуащ Израилым щыпсэу жылагъуэ лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэу, Рихьэние къуажэм щыIэ Адыгэ музейм и унафэщIу щыта Хъун Щэукъуий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru” сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр градуси 2 - 0 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Жьы хъуар гу махэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.