Антикоррупционная линия Главы КБР:
40-89-70, 40-34-32
ЦIыхухэр зэхуэгъэдэным и дунейпсо махуэщ 1975 гъэм хьэуам зыщыхъумэжынымкIэ дзэхэм я махуэр ягъэуващ. 1940 гъэм Налшык къалэм IэфIыкIэ щащI фабрикэ къыщызэIуахащ. 1897 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ Теувэж Хьэбиб. 1935 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта Гъащтэ Абдул. 1942 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил. 1951 гъэм къалъхуащ генерал-лейтенант, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Москва и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зрата Дзыбэ Мусэ. 1952 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм, КъБР-м щIыхь зиIэ я артисткэ БжэIумых Барисэт. 1979 гъэм къалъхуащ «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь, «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI Истэпан Залинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градус 7, жэщым градуси 10 - 8 щыхъунущ.