Спорт хъыбархэрММА-м и лIыхъужьхэр
«Мэздэгу и спорт лигэ» фIэщыгъэм щIэту а къалэм щекIуэкIащ ММА-мкIэ зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм зэфIэкIыфIхэр абы къыщагъэлъэгъуащ икIи медаль куэд къыщахьащ.
Нартсанэ зыщагъэлъагъуэ
Кавказ Ищхъэрэм тхэквондомкIэ (ИТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Нартсанэ къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ спортсмени 150-м щIигъу.
Жамбей Астемыр къахожаныкI
«SEIKEN OPEN CUP 2025» фIэщыгъэр зэрихьэу киокушинымкIэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр икIи ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ.
Къер Руслан ягу къагъэкIыжу
Тэрч щIыналъэм хыхьэ Плановскэ къуажэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. СССР-м бэнэкIэ хуит спорт лIэужьыгъуэмкIэ и мастер цIэр а районым щыщу япэу зыхуагъэфэща Къер Руслан и фэеплъ зэпеуэу щытащ ар. Ди республикэм и бэнакIуэхэм нэмыщI зэхьэзэхуэм хэтащ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Шэшэнымрэ я спортсменхэр - псори цIыхуи 175-рэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:23 →
Шууей гупышхуэ Бахъсэн щызэхуос
27.11.2026 - 16:00 →
Спорт хъыбархэр
25.11.2026 - 16:00 →
ТIуми медаль къахь
23.11.2026 - 18:00 →
Балъкъэр бэнакIуэхэр ягъэлъапIэ
19.11.2026 - 14:49 →
Спорт хъыбархэр
| ||




