Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ 1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ. 1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим. 1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар. 1957 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Уэтэр МуIэед. 1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъМУ-м и ректору щыта, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жэрыкъуэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэс къыщесынущ. ЩIыIэр махуэм градуси 4 - 3, жэщым градуси 7 - 6 щыхъунущ.