Самбэ
Аргъэщокъуэ Ренат и медалыр
Урысей Федерацэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Пензэ къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ Бахъсэн къалэм щыщ Аргъэщокъуэ Ренат. Ди щIалэр щыбанэр килограмм 79-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Уэщхъун СулътIан зэрыжиIамкIэ, иджырей зэхьэзэхуэр къызэрыхахыу щытащ икIи абы къыщыхэжаныкIахэр дуней псом, Европэм пашэныгъэхэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ екIуэкIыну зэпеуэхэм хэтынущ.
Аргъэщокъуэ Ренат иджыпсту Мэзкуу щоджэ, «Самбо-70» клубым хэтщ, и тренерхэр ПшынащIэ Муратрэ Уэщхъун Баширрэщ.
Оренбург къащыпоплъэ
Кавказ Ищхъэрэм самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. ЩIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 300-м нэблагъэ.
Зэхьэзэхуэм екIуу зыкъыщызыгъэлъэгъуа ди спортсменхэм медаль 17 абы къыщахьащ.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм ди республикэм щыщу щытекIуахэщ Къудей Ислъам (кг 49-рэ), Къудей Беслъэн (кг 53-рэ), Ажахъуэ Iэмин (кг 64-рэ), Мэш Амир (кг 68-рэ), Бышэн Изабеллэ (44-рэ), Акимовэ Дарье (кг 47-рэ), Черновэ Дарье (кг 72-рэ).
Мыхэр псори хэтынущ УФ-м самбэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 15 - 20-хэм Оренбург къалэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм.
Командэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ ПшынащIэ Мурат, ПшынащIэ Руслан, Къарэмышэ СулътIан, Рахманинов Валерэ, Новиковэ Антонинэ, Иванов Павел, Ким Руслан, Соблыр Руслан, Мырзэ Казбек сымэ.