Гъатхэпэм и 13, махуэку
Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.
1941 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и метролог, КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шурдым Юрэ.
1953 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, социологиемкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м, Социальнэ щIэныгъэхэмкIэ академием я академик, АКъУ-м и ректор Хъунэгу Рашид.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 – 24-рэ, жэщым градуси 10 - 15 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъуэгу мыгъуэ уежьэнумэ, танэжь закъуэри мэлIэж.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.