Медалищ къахьащ

                                     

Тхэквондо

ТхэквондомкIэ (Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ, ВТФ) Урысей зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ КъШР-м и къалащхьэ Черкесск щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 28-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 223-рэ, я ныбжькIэ илъэс 15 - 17-хэм къриубыдэу.

         Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм щыIащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и лIыкIуэу 8 икIи абыхэм ящыщу Яхненкэ Данил дыжьын медаль къихьащ, Атэбий Астемыррэ Асановэ Даринэрэ ещанэ хъуахэщ.

         Ди командэм и тренерхэр Ахъмэт Амир, Унэжокъуэ Къантемыр, Хъурей Беслъэн сымэщ.

                                                         ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

Поделиться:

Читать также:

09.04.2026 - 18:32 Спорт хъыбархэр
08.04.2026 - 11:57 СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
06.04.2026 - 10:48 СПОРТ ХЪЫБАРХЭР
05.04.2026 - 15:02 Махуэр ягъэлъапIэу