Дапщэщи дыхуэсакъыпхъэщ

Иджыри зэIубзкъым мы махуэр хэт сыт щыгъуэ къигупсысами, ауэ ар быдэу епхащ щIыуэпсым емыгуэуэнымрэ ди зэран емыгъэкIынымрэ ехьэлIауэ длэжьыпхъэхэм. 
Зи гугъу тщIыр гъатхэпэм и 30-р ЩIыр хъумэным и махуэу дуней псом къызэрыщалъытарщ. Гъатхэпэм и 30-м «удзыфэхэм» къызэрагъэпэщ хабзэщ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, зэлъыIухыным хуэгъэза зэхыхьэхэр, щIыхьэхухэр, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ яхуэсакъыным, дыщыпсэу планетэм и къулеягъэр зэгъэзэхуа зэрыхъунум къыщыхураджэ дерс зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм щызэхахым, щалъагъум цIыхухэр ирагъэгупсыс ЩIым хуэсакъын зэрыхуейм, зэман мыжыжьэм насыпыншагъэшхуэ къытлъымысын папщIэ. 
Мы махуэм курыт еджапIэхэм щIэсхэм щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм жыгыщIэхэр щыхасэ, уэрамхэр зэлъыIуах, тафэхэр, мэзхэр ягъэкъабзэ. 
ЩIыуэпсым теухуауэ къаIэт адрей Iуэхугъуэхэми хуэдэу, ЩIыр хъумэным и махуэм иджыри зэ ди нэгу къыщIегъэувэж дызыщыщ планетэм дяпэкIэ иIэну теплъэр зыхуэдэр мы зэманым дызэрыхущытым зэрелъытар. 
ЩIыр хъумэным и махуэм дэ псоми дигу къегъэкIыж щIыуэпсыр къабзэу щыгъэтыным дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ зэрыхуэтщIыфынур. Мыбдежым Iуэху цIыкIуфэкIу щыщыIэкъым. Псалъэм папщIэ, сыт хэлъыр кIэрыхубжьэрыхур къапщтэу сэмб щхьэхуэ иплъхьэным е пхъэнкIийр къыумыхьэжьэ ипэ абы хэлъ пластикымрэ пкъыгъуэ быдэхэмрэ зэхэбдзыным. ЦIыхум езыр зыхуэмеиж тхылъымпIэ кIапэр къыздыхуэзэм деж щыхыфIимыдзэмэ, псыр зэригъэзахуэмэ, мэз лъапэм щызэхэсахэм я кIэрыхубжьэрыхухэр щызэхуахьэсыжмэ - ахэращ, Iуэху къызэрыгуэкIыу къытщыхъуми, дызытес планетэр щыпсэугъуафIэу къызэтезыгъэнэнури ди узыншагъэр езыгъэфIэкIуэнури.
Мы махуэм дэ псори дыкъыхуреджэ къытщIэхъуэ щIэблэм къыхуэдгъэнэну дунейм дыхуэсакъыным нэхъри дызэрегугъуным. Къытедгъэзэжу къыхэдгъэщынщи, языныкъуэхэм деж дэ къытфIощI дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэр зы цIыху къарукIэ нэхъ дахи IуплъэгъуафIи тхуэмыщIыну. Ауэ ар щыуагъэщ - щIыуэпсыр хъумэным ехьэлIауэ длэжьыпхъэхэр дэтхэнэми езым и деж къыщыщIидзэжыпхъэщ. Ар шэч къызытумыхьэнщ. 
А псом къадэкIуэу зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым зи гугъу тщIы мы Iуэхум зы махуэ е, уеблэмэ илъэс псо хухэтхкIи зэрымащIэр. Дызытет ЩIы Хъурейр хъумэнымрэ зэIузэпэщ щIынымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр сыт хуэдэ зэманми едгъэкIуэкIыпхъэщ. 
КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ