ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым дэтхэнэ и зы гъэлъэгъуэныгъэми дахагъэ къыхэпхыфынущ. Арагъэнущ театрым и ныбжьэгъуфIхэм сценэм иту гъащIэм и лъэныкъуэ куэд наIуэ тщызыщI артистхэр я гум, я псэм щIыхуахьыр, къахуэмыгъэсу абыхэм я джэгукIэм ахэр щIыпэплъэр.
Сэри сащыщщ театрымрэ артистхэмрэ зыфIэфIхэм. Аращ и щхьэусыгъуэр иджыблагъэ театрым сыщIэкIуам. Утыкум щыдагъэлъэгъуа теплъэгъуэм гукъыдэж къызита къудейкъым, атIэ гупсысэхэр куэдым хуашащ. ГушыIэрэ ауанкIэ гъащIэр зэрызэхэмылъым сыщыгъуазэщ, ауэ гукъыдэжым къигъэуш телъыджагъэ псори сыт и уасэ?!.
Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ тхакIуэ Аппаев Билял и къалэмыпэм къыщIэкIа пьесэ «Как похищают краса- виц» жыхуиIэм къытращIыкIат «Унэидзыхьэ» теплъэгъуэр. ТIысыпIэ нэщI зэримыIэм сыщыгуфIыкIащ. Театрым и лэжьакIуэхэр гуфIэжу къытпежьа къудейкъым, атIэ Iэмал зэриIэкIэрэ дэтхэнэми гулъытэ къытхуащIащ. Псори ди пIэ дозагъэ, уэзджынэр къоуэ, уэздыгъэхэр ягъэункIыфI. АдэкIэ къытпэплъар гъэщIэгъуэнт. Зы дакъикъи блэкIакъым дымыдыхьэшхыу, апхуэдизкIэ гушыIэ нэскIэ зэхэлъхьат теплъэгъуэри.
Куэд дыдэ щIауэ зэгъунэгъу унагъуитIым ятеухуащ мыр. Зы лъапсэм щопсэу быний зиIэ унагъуэр, адрейм бын яIэкъым, зэлIзэфызым я закъуэщ. Хуабжьу зэгурыIуэу псэу унагъуитIым ещанэ унагъуэр къабгъэдотIысхьэ. Мис итIанэщ гъащIэр щызэхэзэрыхьыр…
ЩIагъыбзэ зыщIэлъ, ауанкIэ, гушыIэкIэ гъэнщIа пьесэр гъэщIэгъуэну зэхэгъэуват, абы зыкъыщызыгъэлъагъуэхэм ягъэзащIэ ролхэм удахьэхырт. Дауэ удимыхьэхынрэт-тIэ - утыкум итахэр цIыху телъыджэхэт, республикэм щIыхь зиIэ и артистхэу Хъыдзэдж Борис, Балъкъэр Тамарэ, Тхьэщыгъуей Жаннэ, КIэхумахуэ ФатIимэ, Тэмазэ Лиуан, театрым и артистхэу Къардэн Заур, Бейтыгъуэн Жамболэт, Тэмазэ Аулият, Шыпш Къантемыр, Хьэжмэт Iэдэм сымэт. Гъэлъэгъуэныгъэр макъамэ дахэм, артистхэм ягъэзэщIа къафэхэм, уэрэдхэм нэхъ гурыхь ящIащ. Сыкъапщтэмэ, сигу ирихьауэ щытхэм ящыщщ теплъэгъуэм хабзэм ижь щIихуауэ зэрыщытыр. Си фIэщ хъункъым театрым зы цIыху къыщIэкIыжауэ, и нэгум гуфIэ къримыхыу. Утыкум щагъэлъэгъуа пьесэм лэжьыгъэшхуэ езыщIылIар режиссер Теувэжыкъуэ Владимирщ.
Пэжщ, гушыIэр гушыIэщ, абы ухуей-ухуэмейми уегъэдыхьэшх. Ауэ гушыIэ дахэм гур егъэтынш, псэр егъэпсэху. Артистхэм, режиссёрым я фIыгъэщ зыдгъэпсэхуауэ, гукъыдэж лъэщ диIэу дыкъызэрыщIэкIыжар. Сыту фIыт мы ди гъащIэ хъыбарыфIхэр мащIэ щыхъуам апхуэдэ режиссёрхэр, артистхэр зэрыдиIэр!