НОБЭМэлыжьыхьым и 1, гъубж ♦Къуалэбзухэм я дунейпсо махуэщ ♦Ауанымрэ дыхьэшхымрэ я махуэщ ♦1930 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артисткэ Щауэжь Розэ. ♦1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ. ♦1943 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ дохутыр, жылагъуэ лэжьакIуэ Тэмазэ Анатолэ. ♦1950 гъэм къалъхуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, Адыгэ Республикэмрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я артисткэ КIуэкIуэ Елизаветэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 19 - 21-рэ, жэщым градуси 10 - 12 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIкъым.
Поделиться:
Читать также:
22.04.2026 - 12:04 →
НОБЭ
21.04.2026 - 16:09 →
НОБЭ
21.04.2026 - 13:03 →
Ажэгъуэмэ – уэсчэсей - уэсхэкIыкI
20.04.2026 - 11:12 →
НОБЭ
17.04.2026 - 17:26 →
Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэм дащывгъэсхь
| ||





