НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 2, бэрэжьей

Сабий тхылъым и дунейпсо махуэщ

Белоруссиемрэ Урысеймрэ я лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ

1911 гъэм Цагъуэ Нурий Истамбыл адыгэбзэкIэ къыщыдигъэкIащ «Гъуазэ» газетым и япэ номерыр.

1948 гъэм адыгэ тхакIуэ щэджащэ КIэрашэ Тембот СССР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ.

1932 гъэм къалъхуащ журналист, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ АфIэунэ Рае.

1937 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и механизатор Дадэ ХьэмытIэ.

1944 гъэм къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Абдокъуэ Iэуес.

Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ.  Хуабэр  махуэм градус 17 - 18, жэщым градуси 10 - 13 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Хьэ мыбанэ унэ гъэунэхъущ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.

 

Поделиться:

Читать также:

10.07.2026 - 13:00 НОБЭ
09.07.2026 - 09:53 НОБЭ
08.07.2026 - 16:05 НОБЭ
07.07.2026 - 09:00 НОБЭ