ПлIым щыщу тIум![]() Урысей Федерацэм дзюдомкIэ щIыхь зиIэ и тренер Кудзаев Славик и фэеплъу 4-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Тюмень къалэм и «Тюмень-дзюдо» спорт центрым. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 25-м я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 162-рэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм спортсмени 4 хэтати, абыхэм ящыщу Къущхьэ Темырланрэ (кг 73-рэ) Уянаев Ислъамрэ (кг I00) домбеякъ медалхэр къахьащ. Иванов Дмитрийрэ Апхудэ Андзоррэ я гъэсэнхэм дэтхэнэми зэIущIих ирагъэкIуэкIащ.
Къыхэдгъэщынщи, япэ увыпIэхэр къэзыхьахэм УФ-м спортымкIэ и мастер цIэ лъапIэр къыфIащащ. Апхуэдэуи, кг 73-м, 90-м, I00-м щытекIуахэм саугъэт щхьэхуэхэхэр иратащ.
Мыдрейуэ, зэхьэзэхуэ нэужьым ди бэнакIуэхэр Тюмень къыщынэри, загъасэу тхьэмахуэкIэ щыIащ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 17:18 →
Спорт хъыбархэр
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
| ||




