НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 7, блыщхьэ
Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр
1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.
1948 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин.
1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд.
1937 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Уэркъуасэ Владимир.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.      Хуабэр махуэм градус I7 - I9, жэщым   градуси 9 - II щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Дыщ мэжаджэ IэфIщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.11.2025 - 08:47 НОБЭ
13.11.2025 - 16:31 НОБЭ
12.11.2025 - 10:58 НОБЭ
11.11.2025 - 09:00 НОБЭ
10.11.2025 - 11:51 НОБЭ