Илъэс гъуэгуанэ

Спорт пэхуэщIэхэр

«Чемпионым и гъуэгуанэ» пэхуэщIэр Налшык къалэм иджыблагъэ щрагъэжьащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ я студентхэр илъэс псокIэ спорт лIэужьыгъуихкIэ зэпеуэнущ. Абы хохьэ футболыр, волейболыр, стIолыщхьэ теннисыр, шахматыр, шашкэр, киберспортыр. Псори зэгъусэу еджапIэхэм я командэ 66-рэ зэхьэзэхуэхэм хэтынущ.
ПэхуэщIэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м СпортымкIэ, ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм, республикэм иджырей пятиборьемкIэ центрыр я дэIэпыкъуэгъуу. 
ПэхуэщIэр къыщызэIуахым абы кърихьэлIащ республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, щIыпIэ Парламентым и депутатхэр, дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, спортсмен цIэрыIуэхэр. 
Къызэхуэсахэмрэ студентхэмрэ псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз икIи спортсменхэр къыхуриджащ, щIэблэ дахэ зэрыдиIэм щыхьэт техъуэу, я зэфIэкIхэр нэсу къагъэлъэгъуэну, ныбжьыщIэхэм щапхъэ яхуэхъуну. 
«Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ, псом хуэмыдэу, ерыщу спортым зыхуэзыгъасэ ди щIалэхэм я дежкIэ. Сыту жыпIэмэ, иужьрей илъэсхэм ди деж щымэщIащ зэфIэкIхэр щыбгъэлъагъуэ хъун зэIущIэ инхэр. Ди студентхэм я дежкIэ мыр щIэдзапIэфIщ икIи лъагапIэ нэхъ иныжхэм адэкIи зрапщытынымкIэ Iэмал хъарзынэщ», - жиIащ Информацэмрэ иджырей технологиемкIэ колледжым и командэм и тренер Къалэ Темырлан. 

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: