Бакъей Жэмал дунейпсо зэпеуэм макIуэ![]() МахуищкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм ди щIалэхэм медалих къыщахьащ. Япэ махуэм дыщэ медаль зыIэригъэхьащ килограмм 51-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Бакъей Жэмал. Адрей щIалитхум ещанэ увыпIэхэр къахьащ. Ахэр Бакъей Темболэт (кг 48-рэ), Елмэс Къантемыр (кг 71-рэ), Джэдмышх Дамир (кг 71-рэ), Емызэш Ибрэхьим (кг 80), Джыджий Къантемыр (кг 92-рэ) сымэщ.
Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыда Бакъей Жэмал хэтынущ дуней псом пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм екIуэкIыну зэIущIэм.
Ди щIалэхэм ядэлажьэхэр ПщыукI Артур, Бэрэгъуэн Рустам, Хъубий Мурат, Iэпщэ Анзор, Щокъум Ахьмэд, Жолдащ Зэчыр сымэщ.
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
Спортым и хъыбархэр
07.05.2025 - 12:53 →
ТIуми медаль зырыз
07.05.2025 - 10:43 →
ЩОКЪАРЭ Азрэталий: Зыхуэмей хуитыныгъэ сабийм епт хъунукъым
06.05.2025 - 10:00 →
Спорт хъыбархэр
05.05.2025 - 13:00 →
ТекIуауэ къагъэзэж
|