ЩIэныгъэм и лъахэм цIыхур хуэзышэ, лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ къыддэгъуэгурыкIуэ, дызыгъэпэж, ди чэнджэщэгъуфI тхылъым и махуэщ мэлэжьыхьым и 23-р.
Иджырей ныбжьыщIэхэр Интернетым тхылъым пэIэщIэ ищIащ. ЩIэблэр литературэм драгъэхьэхын папщIэ къалэнышхуэ я пщэ дэлъщ егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. Тхылъ хъумапIэхэм къызэрагъэпэщ зэхыхьэхэр, тхылъ гъэлъагъуэхэр. ЩIэныгъэ зыбгъэдэль, гъэсэныгъэ зыгъуэта щIэблэ дыхуеймэ, литературэ лъагэм зэрыщIэтпIыкIыным яужь дитыпхъэщ. Тхылъыр зи Iэпэгъу, абы дихьэх щIалэгъуалэ, ди гуапэ зэрыхъунщи, иджыри диIэщ.
Мы гъэм епщыкIузанэ классыр къэзыух, «Сырынэ» театрым хэт Нэзрэн Самирэ тхылъыр ныбжьэгъу зыхуэхъуахэм ящыщщ. А пщащэр еджэным зэрыдихьэха щIыкIэм теухуауэ къыддэгуэшащ.
- Сэ тхылъым иужьрей илъэсищым хуабжьу сыдихьэхащ. Школым щыдагъэджхэм апхуэдэ дыдэу сатхьэкъуртэкъым. Зы махуэ гуэрым мамэ тхылъ здащэ тыкуэным сыщIишат. Абдеж тхылъхэм сахэплъэу щIэздзащ. ИтIанэ сэ къыхэсхащ Джек Лондон и тхылъ «Странник по звёздам» зи фIэщыгъэр. Сэ а тхакIуэм и цIэр куэдрэ зэхэсхат, и IэдакъэщIэкIым щыгъуазэ зыхуэсщIмэ сфIэфIу къэсщтат. Тхылъым еджэн щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ сыдихьэхащ. Абы лъандэрэ тхылъу 30-м щигъу седжащ. Иджыри апхуэдэ куэд седжэну зызогъэхьэзыр. Сэ нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр гъащIэм теухуа тхыгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, ди адыгэ усакIуэшхуэхэм ящыщу ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэ» поэмэм ситхьэкъуащ. Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ зи нэгум къищ, фIыгъуэмрэ гуфIэгъуэмрэ пэплъэ хъыджэбзым, и гъащIэр зэрызэхафыщIар си гум щIыхьащ. Абы иужькIэ, нетIэ зи гугъу фхуэсщIа тхылъым хэта тутнэкъэщыр укIыпIэ зыхуэхъуа щIалэщIэр псэкIэ зыхэсщIащ. Ахэр куэд мэхъу дэтхэнэр къеббжэкIын! Ауэ тхылъым гъащIэм куууэ узэрыхишэр, щIэныгъэм гурыгъуазэ узэрыхуищIыр, умыщIэр къызэрыуигъащIэр, сытым дежи ныбжьэгъу пэж къызэрыпхуэхъур къыхэзгъэщыну сыхуейт, - жиIащ абы.
Гъатхэм и гуакIуэгъуэ махуэхэм хухахащ псэ къэбзагъэм дэушэ ныбжьэгъуфIу цIыхум къыдэгъуэгурыкIуэ тхылъым и махуэ дахэр. Ар ди Урысейм и мызакъуэу хамэ къэралхэми щагъэлъапIэ. Зы гъэм нэхърэ къыкIэлъыкIуэм нэхъыбэ мэхъу тхылъым хухагъэунэхукIа махуэм къыхыхьэхэр.
Тхылъ уеджэну хуабжьу щхьэпэщ, абы гъащIэм и пкъыгъуэхэм нэ лейкIэ урегъэплъ. Зы тхылъ къапщтэрэ уеджамэ, гу зылъумытэу щытам щыгъуазэ ухуещI, абы хэт лIыхъужьым и теплъэр телъыджэ гуэру зыхыбощIэ. Тхыгъэм ущеджэкIэ къэхъун-къэщIэнум ухуэпабгъэу апхуэдэщ. Хэти и кIэухыр гуузщ, языныкъуэхэми уи гур къигуфIыкIыу къэхъуа IэфIагъэм ухэтым хуэдэу къыпщохъу.
Мэлыжьыхьым и 23-р Тхылъым и махуэу щIыхахар дунейм тета тхакIуэшхуэ-усакIуэшхуэхэу Мигель де Сервантес, Инка Гарсиласоде ла Вега, Уильям Шекспир сымэ я фэеплъ махуэу ягъэувати аращ.
Тхыгъэр езым зэрейм щыхьэт техъуэ, ар абы къыхуэзыхъумэ хабзэ япэ дыдэу щызэхагъэувар 1710 гъэм Инджылыз къэралыгъуэрщ. Урысейр абы щытехьар 1828 гъэм къыщыщIэдзауэщ.
Сынывохъуэхъу тхылъым и махуэ лъапIэмкIэ, абы гу хуэзыщIахэм хэвгъахъуэ зэпыту фыпсэуну, ди къэкIуэнур зэлъыта щIалэгъуалэм щIэныгъэ куу зэвгъэгъуэтыну!