Сайтиев Бувайсар и фэеплъу![]() Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Грознэ къалэм махуиплIкIэ щекIуэкIащ. Ар и фэеплъу щытащ Олимп джэгухэм щэнейрэ я чемпион, зэуэзэпсэу дунейм ехыжа бэнакIуэ цIэрыIуэ Сайтиев Бувайсар.
Зэхьэзэхуэм щыIащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м (Луганск, Донецк республикэхэри, Херсон, Запорожье областхэри хэту) я бэнакIуэ 450-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 21-м щIимыгъуахэу. Я хьэлъагъым елъытауэ ахэр гупи 10-у гуэшауэ щытащ икIи медалу комплект 40-м щIэбэнащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медалих къыщихьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Къэжэр Ислъамрэ (кг 70) Шыгъэлыгъуэ Къантемыррэ (кг 61-рэ). Дыжьын медалыр къихьащ Мер Маирбэч (кг 65-рэ), ещанэ хъуахэщ Азэмэт Руслан (кг 57-рэ), Гергоков Саид (кг 65-рэ), Хасауов Смаил (кг 74-рэ) сымэ.
Ди щIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Нэхущ Руслан, Урыш Анзор, Елмэс Аслъэн, Мэршэнкъул Тимур, ЗэкIуий Арсен, Амчокъуэ Мурат, Хьэмгъуокъу Беслъэн, Ажо Азэмэт, Мисиров Эльдар, Ахмедов СулътIан сымэ.
Поделиться:
Читать также:
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
15.07.2026 - 15:21 →
Лъэпкъми хэкуми я набдзэт
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
01.07.2026 - 11:44 →
Спортсмен цIэрыIуэм и щIыхькIэ
| ||





