НОБЭ

Накъыгъэм и 5, блыщхьэ
Ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэхэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Мэсей Аслъэнджэрий.
1922 гъэм къалъхуащ 1960 – 1975 гъэхэм КъБАССР-м и прокурору лэжьа, юстицэмкIэ къэрал чэнджэщакIуэу щыта, юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, генерал-майор Ансокъуэ Мухьэрбий.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Ленин гъуэгу» («Адыгэ псалъэ») газетым жэуап зыхь и секретару илъэс куэдкIэ щыта Апажэ Назир.
1930 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къардэн Iэбубэ.
1938 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ дохутыр Бахъсэн Хьэмэдэ.
1943 гъэм къалъхуащ усакIуэ, ЩIДАА-м и академикыу щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэзэплъ Хьэсэн.
1944 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Джырандокъуэ Верэ.
1948 гъэм къалъхуащ Адыгейм и цIыхубэ сурэтыщI ПэтIуащIэ Феликс.
1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЛIыс Мухьэмэд.
1952 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалмыкъ Кларэ.
1953 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ, КъБР-м и цIыхубэ артисткэ Хьэмыку Жаннэ.
1967 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Мысост Вадим.
 
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм   градус 20 – 21-рэ, жэщым градус 13 - 14 щыхъунущ. 
 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Вы зимыIэм шкIэ щIещIэ.
Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

28.11.2026 - 07:13 → НОБЭ
27.11.2026 - 12:22 → НОБЭ
26.11.2026 - 09:30 → НОБЭ
25.11.2026 - 13:40 → НОБЭ
24.11.2026 - 09:00 → НОБЭ