«Астрономием и дунейпсо махуэ» зыфIащар хэгъэунэхукIын зэрыхуеймкIэ жэрдэмыр 1973 гъэм япэ дыдэу къыхэзылъхьар США-м и Калифорние штатым АстрономиемкIэ и зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Бергер Дугласщ.
А щIэныгъэлIым зэрытригъэчыныхьамкIэ, уахэм къыщекIуэкIхэм цIыхухэм нэхъыбэ хащIыкIыпхъэщ. Абы папщIи хьэршым ехьэлIа утыку зэIухахэмрэ музейхэмрэ ахэр кIуэ къудейкIэ зэфIэкIынукъым, атIэ вагъуэбэр зищIысым нэхъ щыгъуазэ яхуэзыщI Iэмалхэр къагъэсэбэпыпхъэщ. Псом япэрауэ, цIыхухэр нэхъ щызекIуэ щIыпIэхэм, псалъэм папщIэ, жыг хадэ зыгъэпсэхупIэхэм, уэрамышхуэхэм, сату щIыпIэхэм, уасэ гуэри щыщIамыту, тыншу зыбгъэдыхьэф телескопхэр щыгъэувын хуейщ. Жэрдэмыр къыхэзылъхьам къызэрилъытамкIи, «Астрономиер цIыхухэм къахуэзыхь» зыфIаща а Iуэхугъуэм мы щIэныгъэр фIыуэ зылъагъухэр зэрешалIэ.
Къызэрырахьэжьэуи, ар гъэщIэгъуэн ящыхъуат уней IуэхущIапIэхэми, щэнхабзэм телажьэ зэгухьэныгъэхэми, хэлъэт зиIэ цIыху къызэрыгуэкIхэми.
Астрономием и махуэр илъэс къэс ягъэIэпхъуэ, зытращIыхьар мэлыжьыхьым икухэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и япэ махуипщIым нэсыху МазэщIэр къыщыунэхур аращи. Мы гъэм ар накъыгъэм и 3-рщ зыхуэзэр. Абдежым къыщыщIедзэ «Астрономием и тхьэмахуэ» зыфIаща Iуэхугъуэри. Абыи гулъытэ хэха хуащI.
Алыджыбзэм щыщ «астрономие» псалъэр «астро» - «вагъуэ», «номос» - «хабзэ» IыхьитIу зэхэтщи, къикIри гурыIуэгъуэщ: хьэршым ит вагъуэхэмрэ планетэхэмрэ я инагъ-цIыкIуагъкIэ, зэрытпэжыжьэ и лъэныкъуэкIэ зыхуэдэр, я зыужьыкIэ-зыгъэзэкIэр, нэгъуэщI абы хуэдэхэри зыдж щIэныгъэщ.
Псалъэм папщIэ, ди Дыгъэр уахэм зыщызыгъэкIэрахъуэ уафэщI жьэражьэщ. Дызытес ЩIым къыхуэкIуэу гуащIэрэ къарууэ хьэршым къикI псоми я нэхъ ин дыдэщ Дыгъэм къыпкърыкIыр. Мыращ къэкIыгъэрэ псэущхьэу ди планетэм тетым гъащIэ къытхэзылъхьэри, нэхурэ хуабэкIэ къытхуэупсэри, дызэрыбауэ жьыр зэгъ зыщIри.
Зэрыщыту къатщтэмэ, ЩIы Хъурейм и щIыуэпсыр дызэсэжа щытыкIэм изыгъэтыр Дыгъэм къыпкърыкI и гуащIэмрэ и зэфIэкIымрэщ. Ар къытщхьэщымытамэ, псэ зыIутхэм хуэфIу зыжьэдэтшэ хьэуари диIэнутэкъым, ихъуреягъкIэ щыIэнури псы зэщIэщтыхьарэ щIыгулъ зэщIэдиярэт.
Абы хуагъадэ адрей вагъуэ жьэражьэхэр куэдкIэ нэхъ тпэIэщIэщ. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу астрономхэм нэхъ гъунэгъу дыдэу къахута Альфа Центаврэ гупым хыхьэ Проксимэ вагъуэр, нэхум зэрызидз хуабжьагъэкIэ къэдбжмэ, илъэси 4,22-кIэ тпэжыжьэщ.
Компьютерым хузэхалъхьа къэбжыкIэхэм ятетщIыхьмэ, Дыгъэм и ныбжьыр илъэс меларди 4,5-м ноблагъэ.
Ди планетэр Дыгъэм зэрыпыIукIуэтар, ику иту къатщтэмэ, километр мелуани 149,6-рэ хуэдизщ.
Дыгъэм ультрафиолет спектрым щыщу къыпкърыпсыкI нурыр цIыхум и узыншагъэм дежкIэ сэбэпщ. Псалъэм папщIэ, псым дызыхуэмейуэ къыхэзэрыхь пкъыгъуэжьейхэр (хьэпIацIэ цIыкIухэр) хегъэкъэбзыкI.
Дыгъэм и кугъуэр нэщIыбзэу къызыщыдгъэхъумэ, и кIуэцIым ди планетэм хуэдэу мелуаным щIигъу ихуэнущ.
Астрономием дихьэххэм уафэр зыуфэбгъуа вагъуэхэр зэпаплъыхь къудейкъым. Апхуэдэу къытщыхъунри щхьэгъэпцIэжщ. Къэхъугъэр дэ езыр дыщыпсэу ЩIы Хъурейм деж щиухыркъым, щIэи гъуни зимыIэ уахэм и зы Iыхьэ цIыкIу къудейщи. Ауэ щыхъукIи, ди планетэм и блэкIари и къэкIуэнури зэгъэщIэнымкIэ уафэ щIэншэм итлъагъуэ вагъуэбэм я зыгъэзэкIэ-зыхъуэжыкIэм щыгъуазэ захуэтщIыныр къызэрымыкIуэу IэмалыфIщ, ди къэухьым зэрызригъэужьым и гугъу дымыщIыххэми.
Уафэм итлъагъуэ вагъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхухэм къыддокIуэкI нэри пэри зыхьэхурэ псэр дэзыхьэхыу щыIэ псоми я нэхъ щIагъуэхэм ящыщу.
ЛIэщIыгъуэкIэрэ цIыхухэм я зэхэщIыкIым щыхэхъуэм, ди планетэми ар къэзыухъуреихь уахэми ятеухуа щIэныгъэхэри ипэкIэ кIуэтащ икIи уафэр зыгъэщIэращIэ «цIуугъэнэхэр» ауэ сытми уздынэсыфын къэщIыгъэхэм ящыщ зыуэ зэрыщымытыр цIыхухэм кIуэ пэтми нэхъ зыхащIэ хъуащ.
АрщхьэкIэ, телъыджэр аращи, дыкъэзыухъуреихь дунейм ехьэлIа щIэныгъэм зиужьу, вагъуэхэр куэдкIэ нэхъ тпэIэщIэ «хъуами», абыхэм нэхъ гъунэгъу захуэщIынымкIэ, я Iэхэлъахэм къыщыхутэнымкIэ цIыхухэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыздрахьэкI хъуэпсапIэр нэхъ мащIэ ящIу зыIэпагъэхужын дэнэ къэна, иужьрей илъэсхэм хэтщIыкIыу къызэреблэжащ.
Астрономием и тхьэмахуэм, псом хуэмыдэжу, и пэщIэдзэ махуэм ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэ дахэхэм ящыщщ уахэм кIэлыплъ, абы къыщекIуэкIхэр зыдж IэнатIэхэм, щIэныгъэрылажьэ музейхэм, телескоп лIэужьыгъуэхэр зыщIэт ухуэныгъэхэм (обсерваторэхэм), планетариехэм къыщызэрагъэпэщ зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, дерс щхьэхуэхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я зэхэгъэувэкIэр апхуэдизу гъэщIэгъуэнщи, и нэхъыбэм цIыхухэр дехьэх, щызэхах-щалъагъур зэрафIэщIэщыгъуэм къыхэкIыу.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.