Накъыгъэм и 16, гъубж
♦Биографхэм я махуэщ
♦1954 гъэм Налшык къыщызэIуахащ украин тхакIуэ Вовчок Марко и фэеплъ.
♦1808 гъэм къалъхуащ адыгэ тхыдэдж, этнограф, тхакIуэ Хъан-Джэрий СулътIан.
♦1917 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Щхьэгъэпсо Таужан.
♦1957 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАЕН-м и академик, КъБР-м щIыхь зиIэ и экономист Къалэ Замир.
♦1961 гъэм къалъхуащ уэчыл, КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Бэрокъуэ Хьэсэн-Алий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 15 - 17, жэщым градуси 9 - 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Лэжьыгъэм хэзэгъар щIэныгъэми хогъуазэ.