НОБЭ

Накъыгъэм и 19, блыщхьэ
Урысейм щагъэлъапIэ хущхъуэ зэхэлъхьэным, щэным пыщIа IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
Пионер зэгухьэныгъэм и махуэщ
1943 гъэм СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым Бахъсэн ГЭС-р зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1985 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Сабий творчествэм и унэ.
1991 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей лъэпкъым и япэ конгрессыр. Абы и япэ тхьэмадэу хахащ Къалмыкъ Юрэ.
1952 гъэм къалъхуащ КъБКъУ-р къэзыуха, Хьэрып къэралхэм я лигэм и секретарь нэхъыщхьэм и чэнджэщэгъу, Иорданием щэнхабзэмкIэ и министру щыта Нэгуэр Нанси.
1966 гъэм къалъхуащ «Спартак-Налшык» топджэгу гупым и тренер нэхъыщхьэу щыта, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэджий Хьэсэнбий.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм уэшх къыщешхынущ.      Хуабэр махуэм    градус 14 - 17, жэщым   градуси 9 - 10 щыхъунущ.
 
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Мэкъу хьэвэм мастэ хэзыIуам нэхъей.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.01.2026 - 12:33 Ди щIыпIэцIэхэр
16.01.2026 - 11:26 НОБЭ
15.01.2026 - 08:16 НОБЭ
13.01.2026 - 09:00 НОБЭ
12.01.2026 - 11:56 НОБЭ