НОБЭНакъыгъэм и 20, гъубж
1939 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ артист», «КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэхэр ягъэуващ.
1927 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гугу Рашад.
1935 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЖьэкIэмыхъу Мусэбий.
1938 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэх Сэфарбий.
1955 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом адыгэбзэкIэ и нэтынхэм я редактор нэхъыщхьэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Тэтрокъуэ Астемыр.
1974 гъэм къалъхуащ «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Абидокъуэ Люсанэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 20 – 22-рэ, жэщым градуси I0 - I4 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Акъыл зимыIэм насып иIэкъым.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:11 →
НОБЭ
12.12.2025 - 16:00 →
НОБЭ
12.12.2025 - 12:00 →
«Лъэбыцэжь» и махуэ
11.12.2025 - 09:00 →
НОБЭ
10.12.2025 - 11:11 →
НОБЭ
| ||




