Къущхьэ Iэмин къахощ![]() «Шылэ гъуэгуанэ кIыхь» фIэщыгъэр зэрихьэу боксымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIащ.
Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Нигерием, Таджикистаным, Узбекистаным, Камбоджэм, Черногорием, Къыргъыстаным, Куржым, Къэзахъстаным, Урысей Федерацэм я боксёр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, I20-м щIигъу.
Ди къэралым и пщIэр иIэту зэпеуэ иным хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Къущхьэ Iэмин икIи домбеякъ медаль абы къыщихьащ. Зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэ ныкъуэм, ди жагъуэ зэрыхъущи, Къэзахъстаным и боксер Бегалиев Санжаралий бжыгъэр 4:I-уэ ди щIалэм къытекIуащ. Iэмин щызауэр килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэм я дежщ, и тренерыр КIэрэф Залымщ. Къыхэдгъэщынщи, зэхьэзэхуэм и боксер нэхъыфIу къалъытащ УФ-м и командэ къыхэхам хэт Шумаков Всеволод (кг 60).
«Ди дежкIэ псори хъарзынэу екIуэкIащ, щIалэхэри, зэрахулъэкIкIэ, текIуэныгъэхэм щIэбэнащ. Псоми зэIущIэ щырыщ-плIырыплI ирагъэкIуэкIащ, ауэ нэхъыбэу мыбы дыкъыщIэкIуар ди Iэзагъэм хэдгъэхъуэн, дунейпсо утыкушхуэм ди зэфIэкIхэр щыдгъэлъэгъуэн щхьэкIэщ. Армырами, куэд щIауэ хамэ щIыпIэхэм дыщыIакъым.
Мы зэпеуэм дыкъэкIуэныр къытхузэзыгъэпэща, УФ-м БоксымкIэ и федерацэм фIыщIэ хузощI. Дэ иджы къытпэщылъщ Ермэлым, Къыргъызым, Узбекистаным, Хабаровск къалэм щызэхашэну зэхьэзэхуэхэм дыхэтыну. Ди щIалэхэм я зэфIэкIхэр а зэпеуэхэм щыдгъэунэхунущ, зыкъагъэлъэгъуэну Iэмал яттынущ, абы къыдэкIуэуи, адрей къэралхэм боксым щыхуагъасэ я еджапIэхэм къагъэсэбэп мардэхэр зэдгъэщIэнущ», - жиIащ УФ-м боксымкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Фахрутдинов Виктор.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Ахъмэт Амир и гъэсэнхэм Кубокыр къахь
10.11.2025 - 17:02 →
Спорт зэхьэзэхуэхэр
09.11.2025 - 12:23 →
Ди ныбжьыщIэхэр нэхъ лъэщщ
08.11.2025 - 16:44 →
Спорт хъыбархэр
07.11.2025 - 14:37 →
Къумахуэ Тимур етIуанэми щытокIуэ
| ||




