ДжутайдомкIэ зэпоуэ

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Гайдарбеков Гайдарбек и цIэр зезыхьэ и спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м джутайдо - карате лIэужьыгъуэмкIэ и чемпионат. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 18-м я спортсмен 500-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм медаль 19 къыщихьащ - 8-р дыщэу, 2-р дыжьыну, 9-р домбеякъыу. Я хьэлъагъымрэ ныбжьымрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Мэремкъул Ислъам (кг 55-рэ), Танонянц Тигран (кг 65-рэ), ДзыхьмыщI Темырлан (кг 80), Байрамуков Магомед (кг 70), Атэбей Ислъам (кг 60), Истепан Алим (кг 85-рэ), Переяслов Ярослав (кг 60), Къармокъуэ Руслан (кг 75-рэ) сымэ. 
БищIо Iэдэмрэ (кг 55-рэ) ЩоджэнцIыкIу Андемыррэ (кг 75-рэ) дыжьын медалхэр къахьащ.
Къуэдз Алий (кг 75-рэ), Хьэгъэбанэ Ахьмэд (кг 75-рэ), Хакиев Данис (кг 60), Мустапаев Щамил (кг 85-рэ), Бейтыгъуэн Имран (кг 60), ЩIакIуэныкъуэ Кемран (кг 75-рэ), СэвкIуий Астемыр (кг 75-рэ), Азэмэт Алан (кг 75-рэ), Къэзан Рустам (кг 75-рэ) сымэ ещанэ хъуахэщ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуигъэхьэзыращ ДыщэкI Мухьэмэд.
 
    Дунейпсо зэIущIэм макIуэ
УФ-м тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Адлер къалэм щекIуэкIащ. МахуитхукIэ зэхэта зэIущIэхэм щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 64-м я спортсмен 2480-рэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэм дыщэ медалу 4-рэ дыжьыну 5-рэ зэхьэзэхуэм къыщахьащ икIи абыхэм ящыщу 8-м Iэмал ягъуэтащ ди къэралым и командэ къыхэхам хэту дунейпсо чемпионатымрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэмрэ я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Ар щекIуэкIынур Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я Аль-Эйн къалэрщ. 
Щхьэзакъуэ зэпеуэхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ ХьэтIэхъу Къантемыр (кг 52-рэ), Ахмадовэ Азэ (кг 50), Абазэ Ислъам (кг 45-рэ), Кочкаров Магомед (кг 38-рэ) сымэ.
Гупзешэ Албэчрэ (кг 30) Щэрдан Алинэрэ (кг 65-рэ) етIуанэ хъуахэщ. 
Гуп зэпеуэхэм апхуэдэуи дыжьын медалхэр къыщахьащ Назарчук Руслан, Кочкаров Магомед, Нэзран Инал сымэ.
Нэхъ цIыкIу дыдэхэм я деж зэфIэкIыфI къыщигъэлъэгъуащ Абазокъуэ Ибрэхьим.
Командэм дэлажьэр Бэлахъуэ Елдарщ.
 
Шэшэным щохьэщIэ
Шэшэн республикэм и Шали къалэм щекIуэкIащ карате-киокусинкаймкIэ и Кубок зэIухар къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Ставрополь, Краснодар крайхэм, Ростов областым, Шэшэным, Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Астрахань къалэм я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 200-м щIигъу, абыхэм ящыщу 23-р ди республикэм икIауэ. 
Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь наIуэ къызэрыхъуамкIэ, КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэхэм щыхуагъасэ и спорт школым, «Кёкусин-кан каратемкIэ Урысейм и федерацэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм, «Амурские тигры», «Ансар» спорт клубхэм я гъэсэнхэм медаль I4 абы къыщахьащ - 3-р дыщэу, 4-р дыжьыну, 7-р домбеякъыу.
Я хьэлъагъымрэ ныбжьымрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Дэгужьий Астемыр, Жыджэт Артур, Романенкэ Иван сымэ. ЕтIуанэ хъуахэщ Адамян Оганес, Къардэн Темырлан, Кекезов Алан, Матаровэ Изабеллэ сымэ. 
Авдеевэ Людмилэ, Змеев Артур, КIуащ Къантемыр, КIэмыргуей Артур, Къардэн Беслъэн, Мирюковэ Аринэ, Шыхъуэстэн Айдар сымэ ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
«ТекIуэныгъэм зэрыхущIэкъуам папщIэ» саугъэтыр Авдеевэ Людмилэ къыхуагъэфэщащ, «Техникэ нэхъыфI зиIэ» саугъэтыр Дэгужьий Астемыр къихьащ. «ЗэIущIэ нэхъ кIэщI дыдэ» зэпеуэм щытекIуащ Адамян Оганес. 
Зэхьэзэхуэр езыгъэкIуэкIа судья гупым яхэтащ Вындыгъу Ильдаррэ Жолаев Даниялрэ.
Командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Къармокъуэ Амурбэч, Мэршэнкъул Къантемыр, Будаев Казбек сымэ. 
АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:

Читать также: