Иджы илъэс еплIанэ хъуауэ![]()
КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, гъэсакIуэ Iэзэу щыта Къармэ Мэжмудин и фэеплъу Налшык къалэм шахматымкIэ зэхьэзэхуэхэр махуищкIэ щекIуэкIащ. Ар иджы илъэс еплIанэ хъуауэ къызэрагъэпэщ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы хэтащ Осетие Ищхъэрэ – Аланием, Ингушым, Ставрополь крайм щыщ спортсмен 240-рэ. Япэ махуэм шахмат стIолым бгъэдэтIысхьащ балигъхэр икIи «блиц»-мкIэ зэпеуащ. Мыбдежым япэ увыпIэр щиубыдащ Дыкъынэ Алим. ЕтIуанэ хъуащ Щомахуэ Резуан, ещанэр Темыркъан Давидщ. Мы зэпеуэм щытекIуахэм нэмыщI, саугъэт щхьэхуэхэр хуагъэфэщащ Аликов Хетаг, Тамаев Теймураз, Бязровэ Кирэ сымэ. Накъыгъэм и 8-м зэпеуащ шахматым зыхуэзыгъэсэн щIэзыдза ныбжьыщIэ цIыкIухэр икIи абы хэтащ республикэм и щIыналъэхэм я лIыкIуэ 86-рэ, я ныбжькIэ илъэс 12-м щIимыгъуахэу. Мыбыхэм я зэхьэзэхуэм щытекIуащ Абаев Таубий, Броевэ Миланэ, Гугъуэт Булат, Терекулов Уэсмэн, Къалмыкъ Алинэ сымэ. Урыс Умар, Бауаевэ Наиля, ЗэкIуий Iэбузед, КIэш Идар, Къэгъэзэж Аскэр сымэ етIуанэ увыпIэхэр къахьащ. Ещанэ хъуахэщ Къардэн Ислъам, Щоджэн Элинэ, Хьэдыгъу Ратмир, Темрокъуэ Темыр, Къаздэхъу Умар сымэ. Ещанэ махуэм, накъыгъэм и 10-м, зэпеуащ шахматымкIэ разрядхэр зиIэхэр, псори зэхэту цIыху 94-рэ хъууэ. Мыбдежым япэ увыпIэхэр къахьащ УнэлIокъуэ Даниял, Уэщро Азнаур, Урысмамбэт Раметэ, Мэлыхъуэ Мухьэмэд, Мирзоевэ Лилианэ, Абей Тамилэ, Црым Заирэ сымэ. ЕтIуанэ увыпIэхэр къахьащ Жабоев Iэдэм, Акъбей Артур, Шэрджэс Къантемыр, Агавилян Арман, Николаевэ Вероникэ, Бахъсэн ФатIимэ, Кусаевэ Лилие сымэ. Жабоев Имран, Ульбашевэ Iэминэ, Щоджэн Данияр, Пщыбий Марат, Црым Миленэ, Рехвиашвили Элинэ, Мер Айданэ сымэ ещанэ хъуахэщ. ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться:
Читать также:
04.09.2026 - 15:32 →
ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр зэхуешэс
28.08.2026 - 13:30 →
Къасболэт екIуу утыку къокIыж
23.08.2026 - 14:40 →
Зэдэхьыгъуейщ кубокри зэпеуэри
18.08.2026 - 13:43 →
Узыншагъэ быдэм и шэсыпIэ
16.08.2026 - 10:04 →
«Тэрчымрэ» «Логоваз»-мрэ зэдобакъуэ
| ||





